зэран
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ЯГЪЭ, чӀэнагъ(э), пэрыогъу/ пэрыуэгъу, ЗЭРАР/ЗЭРАН; ZARAR
ЗЭРАН/ЗЭРАР → ЯГЪЭ; ZARAR
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: ягъэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Ягъэ, хэщӀ, пэрыуэгъу, лъэпощхьэпо.
рувред, ущерб, убыток
Тутынымрэ фадэмрэ узыншагъэмкӀэ зэранщ.
+1 örnek
Джэримэсым и еджэныр ди зэрану уэ къыпфӀощӀыр.— Акъсырэ Залымхъан
Bu maddedeki ifadeler (5)
{и} зэран егъэкӀын
рунавредить вред, нанести ущерб кому-чему-л.
Блэр къэпсалъэри: -Сэ си зэран уэкӀынкъым, зыкъысщумыдзей, - къыжриӀащ мэлыхъуэ цӀыкӀум.— ӀуэрыӀуатэ
+1 örnek
Иджы уэгъум и зэран гуэдзым екӀыжынукъым, хагъуэ хидзэу хуежьащ.— Ӏуащхьэмахуэ
зэран хэхъухьын
рунавредить (делу).
Ӏуэхум зыгуэр зэран хэхъухьырт, ауэ хэтми къэщӀэгъуейт.— Ӏуащхьэмахуэ
зэран хуэхъун
руповредить, помешать, воспрепятствовать кому-чему-л.
Люся и лъагъуныгъэр япэ лъагъуныгъэу икӀи лъагъуныгъэ пщтыру щыт пэтми, ар и еджэныгъэм зыкӀи зэран хуэхъуртэкъым.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
+1 örnek
КӀукӀуэ зимыгъэӀэуэлъауэу къэтэджри пэшым къыщӀэкӀащ: и хьэщӀэм зэран сыт щхьэкӀэ хуэхъун.— Ӏуащхьэмахуэ
зэран хъун
руповредить, помешать, быть помехой.
ЛӀыхъу джатэу Ӏэщэр фэ вгъабзэ, зэран хъу флъагъум фысакъ.— Къэбэрдей поэзием и антологие
зэран щӀэн
рувредить, приносить вред, зло.
{И} зэранкӀэ "лӀы гъэщӀэгъуэныр" кӀуэдауэ жаӀэри къуажэ кӀуэцӀым хъыбарыпцӀыр ду жэуэ Ӏуащ.
Kitapta geçtiği hali
зэран вред, ущерб, убыток / Ягъэ, хэщӀ, пэрыуэгъу, лъэпощхьэпо. Тутынымрэ фадэмрэ узыншагъэмкӀэ зэранщ. * Джэримэсым и еджэныр ди зэрану уэ къыпфӀощӀыр. Акъ. З. {И} зэран егъэкӀын навредить вред, нанести ущерб кому-чему-л. * Блэр къэпсалъэри: -Сэ си зэран уэкӀынкъым, зыкъысщумыдзей, - къыжриӀащ мэлыхъуэ цӀыкӀум. фольк. Иджы уэгъум и зэран гуэдзым екӀыжынукъым, хагъуэ хидзэу хуежьащ. Ӏуащхь. Зэран хэхъухьын навредить (делу). * Ӏуэхум зыгуэр зэран хэхъухьырт, ауэ хэтми къэщӀэгъуейт. Ӏуащхь. Зэран хуэхъун повредить, помешать, воспрепятствовать кому-чему-л. * Люся и лъагъуныгъэр япэ лъагъуныгъэу икӀи лъагъуныгъэ пщтыру щыт пэтми, ар и еджэныгъэм зыкӀи зэран хуэхъуртэкъым. Къ. Хь. КӀукӀуэ зимыгъэӀэуэлъауэу къэтэджри пэшым къыщӀэкӀащ: и хьэщӀэм зэран сыт щхьэкӀэ хуэхъун. Ӏуащхь. Зэран хъун повредить, помешать, быть помехой. * ЛӀыхъу джатэу Ӏэщэр фэ вгъабзэ, зэран хъу флъагъум фысакъ. Къэб. п. и ант. Зэран щӀэн вредить, приносить вред, зло. {И} зэранкӀэ "лӀы гъэщӀэгъуэныр" кӀуэдауэ жаӀэри къуажэ кӀуэцӀым хъыбарыпцӀыр ду жэуэ Ӏуащ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Ягъэ, пэрыуэгъу.
[Дэфэрэдж:] ЦӀыхубзыр зыгъэунэхъуам и дежкӀэ Алыхьым къузэритын жыхуаӀэм хуэдэщ, сыту жыпӀэмэ лажьэр зи зэраным хуэдэ къабзэ мэхъу операцэ зыщӀа дохутырри.— Лъапсэ, 13
+2 örnek
Си быныр сэ схуемыджэмэ, хэт зи зэраныр?— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 490
ЦӀыхур зэрыдыхьэшхари зэрантэкъым, сыту жыпӀэмэ нэхъ хьэлэл хъуат, Жыраслъэн къекӀуэлӀэжрэ и жьэгу дэсыжмэ, и щхьэ иӀыгъыжу, и фыз сымаджэ кӀэлъыплъу, зэран мыхъуу псэумэ, нэхъ яфӀэкъабыл хъуат.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 653
Deyimler (6)
[и] зэран екӀын
Зыгуэрым хэщӀыныгъэ етын.
И псэри тыншыжат, мы дунейм зигу хэщӀ темытыжу, дыгъуасэ лъы зыгъэжахэр, бжьэцу зэрызехьар зэкӀужарэ я Ӏэпэр зэрыӀыгъыу зэщыгуфӀыкӀыу къеуджэкӀыу, зэкъуэш-зэшыпхъущ жыпӀэну зэхуэгумащӀэу, мэзым щӀэт жыг зэмылӀэужьыгъуэхэр зэрызэзэгъым хуэдэу зым и зэран адрейм емыкӀыу, къуалэбзухэм ещхьыркъабзэу щхьэж и бзэмкӀэ езым фӀэфӀ уэрэдыр жиӀэмэ, я бзэ зэрыщӀэ къыфӀэщӀу.— Кхъэлэгъунэ, 380
+1 örnek
Ди зэран екӀынкъым, бэяу, – жиӀэурэ Астемыр унэмкӀэ щӀыхьэну еӀэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 76
[и] зэран хэлъын
И ягъэу щытын.
[Дисэ:] А тӀу, абы ди зэран хэлъыххэкъым, езым зэрыфӀэфӀу ищӀащ.— Алъхъо, 85
[и] зэран къекӀын
Ауэ, пэжщ, Жыраслъэн щхьэкӀэ шэсыпӀэ дивгъэувэ, щыжаӀэм, цӀыхур нэхъ еувэлӀащ, Жыраслъэн къетшэлӀэжмэ, нэхъ и зэран къыдэмыкӀыу дыпсэунщ, жаӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 628
+1 örnek
[Чачэ:] Алыхьталэм и фӀыцӀагъэм и зэран къокӀынкъым…— Хъуэпсэгъуэ нур, 150
Еплъ: [и] зэран екӀын
[и] зэран къыхэкӀын
Ягъэ хъун.
[Дэфэрэдж:] Пыжьынэ санитаркэр хуэмыгъэшынэу иджы йоубзэ, йодэхащӀэ, къегъэгугъэ сымаджэщым щӀэкӀыжмэ, увыпӀэфӀ къыхуигъуэтыну, тхылъымпӀэ тӀэкӀур къыхуигъуэтрэ кърит закъуэмэ, арщхьэкӀэ Тамарэ цӀыхубз губзыгъэщ, запискэм си Ӏэ телъу зэхихащи, зыхигъэзагъэркъым, «Дэфэрэдж и зэран къызыхэкӀын Ӏуэху сыхыхьэфынукъым» жиӀэу.— Лъапсэ, 22
2 deyim daha
зэран щӀэн
МыхъумыщӀагъэ лэжьын.
И пыӀэ къуацэжьыр къыкъуилъэфыжауэ мыр зыщхьэрытӀэгъэн хуейр зэран зыщӀар аракъым, жи [Жансэхъу].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 547
[и] зэранкӀэ
Зыгуэрым и ягъэкӀэ.
Ар зэрагугъа дыдэуи къыщӀэкӀащ, Долэт и зэранкӀэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 256
Kitapta geçtiği hali
ЗЭРАН (16). Ягъэ, пэрыуэгъу. [Дэфэрэдж:] ЦӀыхубзыр зыгъэунэхъуам и дежкӀэ Алыхьым къузэритын жыхуаӀэм хуэдэщ, сыту жыпӀэмэ лажьэр зи зэраным хуэдэ къабзэ мэхъу операцэ зыщӀа дохутырри. Лъапсэ, 13. Си быныр сэ схуемыджэмэ, хэт зи зэраныр? Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 490. ЦӀыхур зэрыдыхьэшхари зэрантэкъым, сыту жыпӀэмэ нэхъ хьэлэл хъуат, Жыраслъэн къекӀуэлӀэжрэ и жьэгу дэсыжмэ, и щхьэ иӀыгъыжу, и фыз сымаджэ кӀэлъыплъу, зэран мыхъуу псэумэ, нэхъ яфӀэкъабыл хъуат. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 653. ◊ [И] зэран екӀын (3). Зыгуэрым хэщӀыныгъэ етын. И псэри тыншыжат, мы дунейм зигу хэщӀ темытыжу, дыгъуасэ лъы зыгъэжахэр, бжьэцу зэрызехьар зэкӀужарэ я Ӏэпэр зэрыӀыгъыу зэщыгуфӀыкӀыу къеуджэкӀыу, зэкъуэш-зэшыпхъущ жыпӀэну зэхуэгумащӀэу, мэзым щӀэт жыг зэмылӀэужьыгъуэхэр зэрызэзэгъым хуэдэу зым и зэран адрейм емыкӀыу, къуалэбзухэм ещхьыркъабзэу щхьэж и бзэмкӀэ езым фӀэфӀ уэрэдыр жиӀэмэ, я бзэ зэрыщӀэ къыфӀэщӀу. Кхъэлэгъунэ, 380. Ди зэран екӀынкъым, бэяу, – жиӀэурэ Астемыр унэмкӀэ щӀыхьэну еӀэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 76. [И] зэран хэлъын (2). И ягъэу щытын. [Дисэ:] А тӀу, абы ди зэран хэлъыххэкъым, езым зэрыфӀэфӀу ищӀащ. Алъхъо, 85. [И] зэран къекӀын (6). Еплъ [И] зэран екӀын. Ауэ, пэжщ, Жыраслъэн щхьэкӀэ шэсыпӀэ дивгъэувэ, щыжаӀэм, цӀыхур нэхъ еувэлӀащ, Жыраслъэн къетшэлӀэжмэ, нэхъ и зэран къыдэмыкӀыу дыпсэунщ, жаӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 628. [Чачэ:] Алыхьталэм и фӀыцӀагъэм и зэран къокӀынкъым… Хъуэпсэгъуэ нур, 150. [И] зэран къыхэкӀын (1). Ягъэ хъун. [Дэфэрэдж:] Пыжьынэ санитаркэр хуэмыгъэшынэу иджы йоубзэ, йодэхащӀэ, къегъэгугъэ сымаджэщым щӀэкӀыжмэ, увыпӀэфӀ къыхуигъуэтыну, тхылъымпӀэ тӀэкӀур къыхуигъуэтрэ кърит закъуэмэ, арщхьэкӀэ Тамарэ цӀыхубз губзыгъэщ, запискэм си Ӏэ телъу зэхихащи, зыхигъэзагъэркъым, «Дэфэрэдж и зэран къызыхэкӀын Ӏуэху сыхыхьэфынукъым» жиӀэу. Лъапсэ, 22. Зэран щӀэн (1). МыхъумыщӀагъэ лэжьын. И пыӀэ къуацэжьыр къыкъуилъэфыжауэ мыр зыщхьэрытӀэгъэн хуейр зэран зыщӀар аракъым, жи [Жансэхъу]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 547. [И] зэранкӀэ (3). Зыгуэрым и ягъэкӀэ. Ар зэрагугъа дыдэуи къыщӀэкӀащ, Долэт и зэранкӀэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 256.