зэпэшэчын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зэпешэч)

1. Зыр зм пэшэчын, я хьэлъагъ зэгъэпщэн, зыгуэрхэм я зэпэхьэлъагъыр къащӀэну яшэчын.

русравнить что-л. по весу друг с другом

Къемэт.. кӀэрахъуэшхуэр зэуэ кърипхъуэтри, .. абы илъ шэхэр и Ӏэгум къригъэщащэри, .. зэпишэч хуэдэу зы тэлайкӀэ иӀыгъащ.— Ӏуащхьэмахуэ

2. Зэгъэпщэн, зэхуеплъын.

русравнить, српроставить что-л. друг с другом, взвесить (напр. поступки, поведение и т. п.)

Фэ фи гуэныхьымрэ ТӀутӀ и емыкӀумрэ зэпэвмышэчу мо лӀы хъарзынэм и напэр щхьэ тефха? Н. А. Хасэ щызэхуэскӀэ.. Псалъэу щызэрахьэр ЦӀыхухэм зэпашэчыр. П. Б.

Kitapta geçtiği hali

зэпэшэчын (зэпешэч) перех. гл. 1. сравнить что-л. по весу друг с другом / Зыр зм пэшэчын, я хьэлъагъ зэгъэпщэн, зыгуэрхэм я зэпэхьэлъагъыр къащӀэну яшэчын. * Къемэт.. кӀэрахъуэшхуэр зэуэ кърипхъуэтри, .. абы илъ шэхэр и Ӏэгум къригъэщащэри, .. зэпишэч хуэдэу зы тэлайкӀэ иӀыгъащ. Ӏуащхь. 2. переносное сравнить, српроставить что-л. друг с другом, взвесить (напр. поступки, поведение и т. п.) / Зэгъэпщэн, зэхуеплъын. Фэ фи гуэныхьымрэ ТӀутӀ и емыкӀумрэ зэпэвмышэчу мо лӀы хъарзынэм и напэр щхьэ тефха? Н. А. Хасэ щызэхуэскӀэ.. Псалъэу щызэрахьэр ЦӀыхухэм зэпашэчыр. П. Б.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зэпешэч)

Зыр зым хьэлъагъкӀэ егъэпщэн, зэхуеплъын.

Ахъшэ зэкӀуэцӀыпхар и Ӏэгум илъу зэпишэч къыфӀэщӀыжу и ӀитӀыр пхъэхьым хуэдэу щӀеупскӀэ, зыгуэрхэр къебж [Нурхьэлий].— Хъуэпсэгъуэ нур, 228

Kitapta geçtiği hali

ЗЭПЭШЭЧЫН (зэпешэч) лъэӀ. (1). Зыр зым хьэлъагъкӀэ егъэпщэн, зэхуеплъын. Ахъшэ зэкӀуэцӀыпхар и Ӏэгум илъу зэпишэч къыфӀэщӀыжу и ӀитӀыр пхъэхьым хуэдэу щӀеупскӀэ, зыгуэрхэр къебж [Нурхьэлий]. Хъуэпсэгъуэ нур, 228.

Düzeltme Öner

зэпэшэчын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.