зэпэлъытэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэпелъытэ)
1. Зэхуеплъын, зэгъэпщэн.
русопоставить, сравнить что-л. друг с другом
Къейсын аргуэру зыгуэрхэр къебж, зэпелъытэ.— Ӏуащхьэмахуэ
+1 örnek
Залихъэ къэтэджыжщ, бжыгъэ зэпилъытахэр зэрыт тхылъымпӀэр зэкӀуэцӀишыхьри зэфӀитхъыжащ.— Ӏуащхьэмахуэ
2. Псоми зэрыхъункӀэ егупсысын, зэгъэзэхуэн.
руобдумать, расчитать заранее (свои действия, поведение и т. п.)
Абы {Къемэт} псори зэпилъытат: япэ къэс жандармэм зэрызыридзынури.. шум и щӀыбым, джэдум хуэдэу, зэрызыхиукӀэнури.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
зэпэлъытэн (зэпелъытэ) перех. гл. 1. сопоставить, сравнить что-л. друг с другом / Зэхуеплъын, зэгъэпщэн. * Къейсын аргуэру зыгуэрхэр къебж, зэпелъытэ. Ӏуащхь. Залихъэ къэтэджыжщ, бжыгъэ зэпилъытахэр зэрыт тхылъымпӀэр зэкӀуэцӀишыхьри зэфӀитхъыжащ. Ӏуащхь. 2. обдумать, расчитать заранее (свои действия, поведение и т. п.) / Псоми зэрыхъункӀэ егупсысын, зэгъэзэхуэн. * Абы {Къемэт} псори зэпилъытат: япэ къэс жандармэм зэрызыридзынури.. шум и щӀыбым, джэдум хуэдэу, зэрызыхиукӀэнури. Ӏуащхь.