зэпэгъэзэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэпегъазэ)
рук.-з.
1. Гъазэу и щӀыбыр и гупэ щӀын, и гупэр здэгъэзамкӀэ и щӀыбыр гъэзэн е щӀагъыр и щӀыӀу щӀын.
руповернуть, перевернуть кого-что-л. (на другую сторону, вверх дном)
ЩӀалэм сэр зэпигъазэурэ зэпиплъыхьырт.
+1 örnek
Щэху цӀыкӀуу уэрэд жиӀэрт Рай, къэнжалым хуэдэу макъ зыщӀ картэр зэпигъазэурэ.— Ӏуащхьэмахуэ
2. НэгъуэщӀ лъэныкъуэкӀэ унэтӀын, гъэкӀуэн (шыхэр).
руповернуть (в другую сторону-напр. коней)
Псэууэ къэнахэм яшхэм я къарум къихь къамыгъанэу зэпагъэзэри яукъуэдиижащ.— ДыщэкӀ Мухьэмэд
Kitapta geçtiği hali
зэпэгъэзэн (зэпегъазэ) перех. гл. к.-з. 1. повернуть, перевернуть кого-что-л. (на другую сторону, вверх дном) / Гъазэу и щӀыбыр и гупэ щӀын, и гупэр здэгъэзамкӀэ и щӀыбыр гъэзэн е щӀагъыр и щӀыӀу щӀын. ЩӀалэм сэр зэпигъазэурэ зэпиплъыхьырт. * Щэху цӀыкӀуу уэрэд жиӀэрт Рай, къэнжалым хуэдэу макъ зыщӀ картэр зэпигъазэурэ. Ӏуащхь. 2. повернуть (в другую сторону-напр. коней) / НэгъуэщӀ лъэныкъуэкӀэ унэтӀын, гъэкӀуэн (шыхэр). * Псэууэ къэнахэм яшхэм я къарум къихь къамыгъанэу зэпагъэзэри яукъуэдиижащ. Д. М.