зэпычын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

руа) (зэпеч) перех. гл.

1. КъарукӀэ зэпыгъэщхьэхукӀын.

руперервать что-л. (напр. нитку, веревку и т. п.)

Фызым Ӏуданэр зэпичащ.

2. Ӏыхьэ-Ӏыхьэу гуэшын (щӀы, вапӀэ, хадапӀэ).

руразмежевать что-л.

Къуэдзокъуэм къегъэлъагъуэ "пщылӀыпӀэм къикӀахэр, къэрэхьэлъкъыр къуажэщӀэхэр зэпычыным темыпыӀэжу зэрыпэплъэр".

3. КӀун, къызэнэкӀын.

рупройти, проехать, преодолеть (какое-л. расстояние)

Гъуэгуанэ кӀыхь зэпысчри Лабэ цӀыкӀу сыкъыщхутащ.— Ӏуащхьэмахуэ

+2 örnek

МакӀуэр мыпсэхуу шу бланэр, Мэзыжьхэр, бгыжьхэр зэпеч.— Гъуэгу пэж

Ещанэ щӀытӀыр танкым зэрызэпичу, ар дзот абрагъуэм хуэзащ.— МакъыщӀэхэр

4. Шэчын, фэм дэгъэхуэн.

рупреодолеть что-л. (напр. трудности, невзгоды и т. п.)

Иджы а щӀыкӀэм тету, бэлыхь псори зэпичри Уэсмэн Шэрджэс хэкум къихьэжащ.— ДыщэкӀ Мухьэмэд

+2 örnek

Нафисэт гугъуехь Ӏэджэ зэпичурэ урысыбзэр едж.— КӀ. Т. б) (зэпоч)

неперех. гл.

1. ЗэпыщхьэхукӀын, зэпыудын (кӀапсэ, Ӏуданэ сыт хуэдэхэр).

руперерваться (от нагрузки)

-Еуэ пэтми, пимыупщӀыжу зы уэщыжь, къызэреӀэу зэпычыну зы кӀапсэжь ефти Батыр мэзым вгъакӀуэ.., - жиӀэри пщым унафэ ищӀащ.— ӀуэрыӀуатэ

+1 örnek

ЯщӀэу пӀэрэ абыхэм {ныбжьэгъухэм} а гъущӀ Ӏэдийм и инагъыр, хъыджэбзитӀыр абы зыхигъэта бэлыхьым и кууагъыр, я кӀэтӀий зэпычыным хуэдизу, а тӀур а гъущӀ улъиягъэжьым зэреныкъуэкъуар.— Къэбэрдей

2. КӀэ иӀэн, ухын, бэяун, увыӀэн.

рупрерваться, внезапно прекратиться

Сабийм и гъыныр зэпычащ.

Kitapta geçtiği hali

зэпычын а) (зэпеч) перех. гл. 1. перервать что-л. (напр. нитку, веревку и т. п.) / КъарукӀэ зэпыгъэщхьэхукӀын. Фызым Ӏуданэр зэпичащ. 2. переносное размежевать что-л. / Ӏыхьэ-Ӏыхьэу гуэшын (щӀы, вапӀэ, хадапӀэ). * Къуэдзокъуэм къегъэлъагъуэ "пщылӀыпӀэм къикӀахэр, къэрэхьэлъкъыр къуажэщӀэхэр зэпычыным темыпыӀэжу зэрыпэплъэр". 3. переносное пройти, проехать, преодолеть (какое-л. расстояние) / КӀун, къызэнэкӀын. * Гъуэгуанэ кӀыхь зэпысчри Лабэ цӀыкӀу сыкъыщхутащ. Ӏуащхь. МакӀуэр мыпсэхуу шу бланэр, Мэзыжьхэр, бгыжьхэр зэпеч. Гъу. пэж. Ещанэ щӀытӀыр танкым зэрызэпичу, ар дзот абрагъуэм хуэзащ. Макъ. 4. преодолеть что-л. (напр. трудности, невзгоды и т. п.) / Шэчын, фэм дэгъэхуэн. * Иджы а щӀыкӀэм тету, бэлыхь псори зэпичри Уэсмэн Шэрджэс хэкум къихьэжащ. Д. М. Нафисэт гугъуехь Ӏэджэ зэпичурэ урысыбзэр едж. КӀ. Т. б) (зэпоч) неперех. гл. 1. перерваться (от нагрузки) / ЗэпыщхьэхукӀын, зэпыудын (кӀапсэ, Ӏуданэ сыт хуэдэхэр). * -Еуэ пэтми, пимыупщӀыжу зы уэщыжь, къызэреӀэу зэпычыну зы кӀапсэжь ефти Батыр мэзым вгъакӀуэ.., - жиӀэри пщым унафэ ищӀащ. фольк. ЯщӀэу пӀэрэ абыхэм {ныбжьэгъухэм} а гъущӀ Ӏэдийм и инагъыр, хъыджэбзитӀыр абы зыхигъэта бэлыхьым и кууагъыр, я кӀэтӀий зэпычыным хуэдизу, а тӀур а гъущӀ улъиягъэжьым зэреныкъуэкъуар. Къэб. 2. переносное прерваться, внезапно прекратиться / КӀэ иӀэн, ухын, бэяун, увыӀэн. Сабийм и гъыныр зэпычащ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зэпеч)

1. ЗэпыгъэщхьэхукӀын.

Ӏэпслъэпсыр хузэпымычу шы ныкъуэлӀэ зырыз къэнамэ, елъэкъуауэрт.— Нал къута, 300

+2 örnek

– КӀапсэр зэпачынущ. ЛӀитӀ хуэшэчрэ абы [Елдаррэ Лурэ кхъуейплъыжькӀэрыщӀэм щыдэкӀуейм ищӀагъым щӀэтхэм яфӀэтелъыджэщ].— Хъуэпсэгъуэ нур, 100

Ябгащ си дежкӀэ си жагъуэгъур, Зэпачт мычэму лъэрыгъыпсыр.— МахуитӀ зэхуэдэу къыумыгъащӀэ. «Вагъуэ махуэ», 351

2. Гуэшын.

Сэ Сэлимэ и нэгу сиплъэн хуэдэу сотӀысри къыщӀэздзэну сыхьэзырыпсщ, сыту жыпӀэмэ, си хъыбарыр пычыгъуэ-пычыгъуэу зэпычащ, езгъэдаӀуэр сымыгъэзэшын папщӀэ.— Лъапсэ, 29

3. КъэкӀун, къызэнэкӀын.

Адэр шым шэсым – и щыгъыну, Хьэзыр къэсыхуи зы гыныгъуэт, Гъуэгуанэ дапщэ зэпичами, Уанэгу зэрысыр и щӀэщыгъуэт.— Адыгэ цей. «Дамыгъэ», 238

+1 örnek

Гъуэгу зэпысчу нэзгъэзэжрэ Псынэдахэ сынэсам, Си гум жеӀэ къысфӀилъэту: «Псынэдахэ дыкъэсащ».— Псынэдахэ. «Вагъуэ махуэ», 346

4. Зэпытхъын, кӀуэцӀрыкӀын (щӀыпӀэ гуэр, гъунапкъэ гуэр).

Сыту жыпӀэм нэху зэрыщу, ЗэрытлъэкӀкӀэ зэдифӀэщу Наступленэм дэ зитчынут, Бийм и фронтыр зэпытчынут.— Волгэ Ӏуфэ. «Партыр ди пашэу», 13

5. Щыгъэтын, гъэувыӀэн.

Нэхущ уджыр зэпачауэ йокӀ утыкум нэхущ вагъуэр.— Нэхущ. «Батырыбжьэ», 24

+1 örnek

Си пщӀыхьэпӀэм къыхэхуатэкъым абы [Сэлимэ] Ботэх къыхуэзауэ, езыри нэхъ нэщхъыфӀэ цӀыкӀу хъуауэ хэлъти, си гум къэкӀащ, зэгурымыӀуауэ пӀэрэ яшэну жысӀэри, арщхьэкӀэ ар ущӀэмыупщӀэмэ нэхъыфӀым ящыщти, сетӀысэхащ: – Сытым дежыт Дэфэрэдж и хъыбарыр щызэпытчар?— Лъапсэ, 99

Kitapta geçtiği hali

ЗЭПЫЧЫН (зэпеч) лъэӀ. (36). 1. (5). ЗэпыгъэщхьэхукӀын. Ӏэпслъэпсыр хузэпымычу шы ныкъуэлӀэ зырыз къэнамэ, елъэкъуауэрт. Нал къута, 300. – КӀапсэр зэпачынущ. ЛӀитӀ хуэшэчрэ абы [Елдаррэ Лурэ кхъуейплъыжькӀэрыщӀэм щыдэкӀуейм ищӀагъым щӀэтхэм яфӀэтелъыджэщ]. Хъуэпсэгъуэ нур, 100. Ябгащ си дежкӀэ си жагъуэгъур, Зэпачт мычэму лъэрыгъыпсыр. МахуитӀ зэхуэдэу къыумыгъащӀэ. «Вагъуэ махуэ», 351. 2. (2). Гуэшын. Сэ Сэлимэ и нэгу сиплъэн хуэдэу сотӀысри къыщӀэздзэну сыхьэзырыпсщ, сыту жыпӀэмэ, си хъыбарыр пычыгъуэ-пычыгъуэу зэпычащ, езгъэдаӀуэр сымыгъэзэшын папщӀэ. Лъапсэ, 29. 3. (17). КъэкӀун, къызэнэкӀын. Адэр шым шэсым – и щыгъыну, Хьэзыр къэсыхуи зы гыныгъуэт, Гъуэгуанэ дапщэ зэпичами, Уанэгу зэрысыр и щӀэщыгъуэт. Адыгэ цей. «Дамыгъэ», 238. Гъуэгу зэпысчу нэзгъэзэжрэ Псынэдахэ сынэсам, Си гум жеӀэ къысфӀилъэту: «Псынэдахэ дыкъэсащ». Псынэдахэ. «Вагъуэ махуэ», 346. 4. (2). Зэпытхъын, кӀуэцӀрыкӀын (щӀыпӀэ гуэр, гъунапкъэ гуэр). Сыту жыпӀэм нэху зэрыщу, ЗэрытлъэкӀкӀэ зэдифӀэщу Наступленэм дэ зитчынут, Бийм и фронтыр зэпытчынут. Волгэ Ӏуфэ. «Партыр ди пашэу», 13. 5. (10). зэхь. Щыгъэтын, гъэувыӀэн. Нэхущ уджыр зэпачауэ йокӀ утыкум нэхущ вагъуэр. Нэхущ. «Батырыбжьэ», 24. Си пщӀыхьэпӀэм къыхэхуатэкъым абы [Сэлимэ] Ботэх къыхуэзауэ, езыри нэхъ нэщхъыфӀэ цӀыкӀу хъуауэ хэлъти, си гум къэкӀащ, зэгурымыӀуауэ пӀэрэ яшэну жысӀэри, арщхьэкӀэ ар ущӀэмыупщӀэмэ нэхъыфӀым ящыщти, сетӀысэхащ: – Сытым дежыт Дэфэрэдж и хъыбарыр щызэпытчар? Лъапсэ, 99.

Düzeltme Öner

зэпычын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.