зэпыупщӀын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зэпеупщӀ)

1. Зэпыгъэжын, зы жан гуэркӀэ зэпыгъэщхьэхукӀын.

руперевязать, разрезать что-л. на части

Жыраслъэн щихур зэрепха кӀапсэр къамэкӀэ зэпиупщӀри уэрам цӀыкӀумкӀэ идзащ.— КӀыщокъуэ Алим

+1 örnek

Къамэр кърипхъуэтри хуэӀэкӀуэлъакӀуэу зэпиупщӀащ гъэрхэр зэрызэкӀуэцӀыпха кӀапсэр.— Къэбэрдей

2. ЗэпрыкӀын (уэрам, гъуэгу, къуэ сыт хуэдэхэм).

рупересечь, перейти что-л. поперек

Мышэ уэрамышхуэр зэпиупщӀын хуей щыхъум.. къэувыӀащ, зыгуэрым Ӏумыуэн щхьэкӀэ, зиплъыхьыну.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

+2 örnek

Щыгум дыщынэсам, мыщэм къуэр зэпиупщӀри адрей нэкӀум кӀэрыхьэжащ.— Ӏуащхьэмахуэ

Нэм къиплъыхьу мамыр губгъуэр зэпеупщӀыр псыӀэрышэм.— Ӏуащхьэмахуэ

3. КъэкӀун, къызэнэкӀын (щӀыналъэ, гъуэгуанэ).

рупреодолеть (какое-л. расстояние)

Нобэ хуэдэу адыгэкъуэр Пшэм пхылъэту щытыгъакъым, Къимыгъазэу щӀыри хыри зэпиупщӀу ар къэсакъым.— ЩоджэнцӀыкӀу Алий

+1 örnek

КъыщыщӀари зэрыхъуари имыщӀэжу Тазий щӀопхъуэ, хадэкӀуэцӀищ-плӀы зэпеупщӀри пщӀантӀэм дэкӀыжа лӀым япэ йощ.— Шортэн Аскэрбий

Kitapta geçtiği hali

зэпыупщӀын (зэпеупщӀ) перех. гл. 1. перевязать, разрезать что-л. на части / Зэпыгъэжын, зы жан гуэркӀэ зэпыгъэщхьэхукӀын. * Жыраслъэн щихур зэрепха кӀапсэр къамэкӀэ зэпиупщӀри уэрам цӀыкӀумкӀэ идзащ. КӀ. А. Къамэр кърипхъуэтри хуэӀэкӀуэлъакӀуэу зэпиупщӀащ гъэрхэр зэрызэкӀуэцӀыпха кӀапсэр. Къэб. 2. переносное пересечь, перейти что-л. поперек / ЗэпрыкӀын (уэрам, гъуэгу, къуэ сыт хуэдэхэм). * Мышэ уэрамышхуэр зэпиупщӀын хуей щыхъум.. къэувыӀащ, зыгуэрым Ӏумыуэн щхьэкӀэ, зиплъыхьыну. Къ. Хь. Щыгум дыщынэсам, мыщэм къуэр зэпиупщӀри адрей нэкӀум кӀэрыхьэжащ. Ӏуащхь. Нэм къиплъыхьу мамыр губгъуэр зэпеупщӀыр псыӀэрышэм. Ӏуащхь. 3. переносное преодолеть (какое-л. расстояние) / КъэкӀун, къызэнэкӀын (щӀыналъэ, гъуэгуанэ). * Нобэ хуэдэу адыгэкъуэр Пшэм пхылъэту щытыгъакъым, Къимыгъазэу щӀыри хыри зэпиупщӀу ар къэсакъым. Щ. А. КъыщыщӀари зэрыхъуари имыщӀэжу Тазий щӀопхъуэ, хадэкӀуэцӀищ-плӀы зэпеупщӀри пщӀантӀэм дэкӀыжа лӀым япэ йощ. Ш. А.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зэпеупщӀ)

1. ЗэпрыкӀын.

Уэрамыр псыӀэрышэ Ӏэджэм зэпаупщӀырти мызэ-мытӀэу машинэхэр къэувыӀэрт, шоферхэр гузавэрт, зыщӀыпӀэ дыхэнэмэ, зэӀыхьакъэ жаӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 583

+2 örnek

Щхьэ мэз Ӏувыр зэпыбупщӀу Уэ мыбыкӀэ укъэкӀуа? «— Бажэ пшынэ, 4

Псыр шы щхъуантӀэм тесу мажэ, Хади гъуэгуи зэпеупщӀ.— Псыр шы щхъуантӀэм тесу мажэ. «Мывэ хуабэ», 208

2. Зэпыгъэжын, Ӏыхьэ-Ӏыхьэ щӀын.

Лэгъупыр лъахъшым къыфӀимыхыу лы пшэр вар къыхихырти, Ӏыхьэ-Ӏыхьэурэ зэпиупщӀырт [пщафӀэм].— Хъуэпсэгъуэ нур, 204

+1 örnek

ЩакӀуэ гужьеям зыкъищӀэжри, щыхьым и щхьэр пиӀуэнтӀыкӀыу щыхуежьэм, къарууншэ щыхьым и къурмакъейм сэ Жан щӀэлъыкӀар хуигъазэри зэпиупщӀащ, лъыкъуалэр щакӀуэм къытрикӀэу.— Лъапсэ, 72

3. КъызэнэкӀын, къэкӀун.

Океаныр зэпыдупщӀри Америкэу зи гугъу къытхуащӀу щытар ди нэкӀэ тлъэгъуащ.— Лэчымэ, 392

Kitapta geçtiği hali

ЗЭПЫУПЩӀЫН (зэпеупщӀ) лъэӀ. (11). 1. (5). ЗэпрыкӀын. Уэрамыр псыӀэрышэ Ӏэджэм зэпаупщӀырти мызэ-мытӀэу машинэхэр къэувыӀэрт, шоферхэр гузавэрт, зыщӀыпӀэ дыхэнэмэ, зэӀыхьакъэ жаӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 583. Щхьэ мэз Ӏувыр зэпыбупщӀу Уэ мыбыкӀэ укъэкӀуа? «Бажэ пшынэ», 4. Псыр шы щхъуантӀэм тесу мажэ, Хади гъуэгуи зэпеупщӀ. Псыр шы щхъуантӀэм тесу мажэ. «Мывэ хуабэ», 208. 2. (3). Зэпыгъэжын, Ӏыхьэ-Ӏыхьэ щӀын. Лэгъупыр лъахъшым къыфӀимыхыу лы пшэр вар къыхихырти, Ӏыхьэ-Ӏыхьэурэ зэпиупщӀырт [пщафӀэм]. Хъуэпсэгъуэ нур, 204. ЩакӀуэ гужьеям зыкъищӀэжри, щыхьым и щхьэр пиӀуэнтӀыкӀыу щыхуежьэм, къарууншэ щыхьым и къурмакъейм сэ Жан щӀэлъыкӀар хуигъазэри зэпиупщӀащ, лъыкъуалэр щакӀуэм къытрикӀэу. Лъапсэ, 72. 3. (3). КъызэнэкӀын, къэкӀун. Океаныр зэпыдупщӀри Америкэу зи гугъу къытхуащӀу щытар ди нэкӀэ тлъэгъуащ. Лэчымэ, 392.

Düzeltme Öner

зэпыупщӀын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.