зэпытщ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Глагол псалъэ гуэдзэ, зи гъусэ псалъэхэм къарыкӀ Ӏуэхугъуэхэр зэманкӀэ кӀыхьу, зэпыу имыӀэу зэрекӀуэкӀыр къегъэлъагъуэ. –132.
Къызумытыжыххэми судым уестынкъым, жиӀэу Рахьим, гуфӀэ зэпытурэ, щӀакхъуэ пхъуэплъ ин къытрилъхьащ, абы къыщӀигъуащ сэмбым изу кӀэнфет, прунж.— Хъуэпсэгъуэ нур, 131
+2 örnek
Убыххэр тенджызым тет зэпытщ, я нэгум къыщӀидзэ закъуэмэ, кхъухь ныбэфыжь цӀыкӀур яӀэщӀэкӀынтэкъым.— Лъапсэ, 39
Къэбэрдей псом зи гугъу ящӀ зэпыт Иналрэ Мэтхъэнымрэ укъацӀыхуныр сытым хуэдэт езыр!— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 538
Kitapta geçtiği hali
ЗЭПЫТЩ (38). Глагол псалъэ гуэдзэ, зи гъусэ псалъэхэм къарыкӀ Ӏуэхугъуэхэр зэманкӀэ кӀыхьу, зэпыу имыӀэу зэрекӀуэкӀыр къегъэлъагъуэ. Къызумытыжыххэми судым уестынкъым, жиӀэу Рахьим, гуфӀэ зэпытурэ, щӀакхъуэ пхъуэплъ ин къытрилъхьащ, абы къыщӀигъуащ сэмбым изу кӀэнфет, прунж. Хъуэпсэгъуэ нур, 131–132. Убыххэр тенджызым тет зэпытщ, я нэгум къыщӀидзэ закъуэмэ, кхъухь ныбэфыжь цӀыкӀур яӀэщӀэкӀынтэкъым. Лъапсэ, 39. Къэбэрдей псом зи гугъу ящӀ зэпыт Иналрэ Мэтхъэнымрэ укъацӀыхуныр сытым хуэдэт езыр! Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 538.