зэпылъын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэпылъщ)
Я кӀапэ зэхуэзэу, зэлъэӀэсу щылъын, я гъунапкъэ зэлъэӀэсын.
рупримыкать друг к другу, соприкасаться друг с другом
Абазэхэмрэ КӀэмыргуейхэмрэ я гъунапкъэ зэпылъу щытащ.— Ӏуащхьэмахуэ
(зэпылъщ)
1. Ӏуэхугъуэ гуэркӀэ е ныбжьэгъугъэ-благъагъэкӀэ зэпыщӀауэ зэкӀэлъыкӀуэ щытын, зэбгъэдэтын.
руобщаться друг с другом
Хьэмидрэ НэфӀыцӀэрэ къэзылъхуа бынунагъуэр куэд щӀауэ.. гулъытэ зэхуаӀэу зэпылът.— Анэдэлъхубзэ
2. ФӀыуэ зэрылъагъун, зэгуэкӀуэн.
рулюбить друг друга (о влюбленных)
Дахэлинэрэ Жумалдинрэ щызэрыцӀыхуари, зэпылъын щыщӀадзари къуажэ тыкунышхуэр щащӀа гъэрт.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
+1 örnek
Ӏэминатрэ Муратрэ зэрызэпылъым адемир гу зэрылъитэрэ куэд щӀат.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
зэпылъын I (зэпылъщ) неперех. гл. примыкать друг к другу, соприкасаться друг с другом / Я кӀапэ зэхуэзэу, зэлъэӀэсу щылъын, я гъунапкъэ зэлъэӀэсын. * Абазэхэмрэ КӀэмыргуейхэмрэ я гъунапкъэ зэпылъу щытащ. Ӏуащхь. II (зэпылъщ) неперех. гл. 1. общаться друг с другом / Ӏуэхугъуэ гуэркӀэ е ныбжьэгъугъэ-благъагъэкӀэ зэпыщӀауэ зэкӀэлъыкӀуэ щытын, зэбгъэдэтын. * Хьэмидрэ НэфӀыцӀэрэ къэзылъхуа бынунагъуэр куэд щӀауэ.. гулъытэ зэхуаӀэу зэпылът. Анэд. 2. любить друг друга (о влюбленных) / ФӀыуэ зэрылъагъун, зэгуэкӀуэн. * Дахэлинэрэ Жумалдинрэ щызэрыцӀыхуари, зэпылъын щыщӀадзари къуажэ тыкунышхуэр щащӀа гъэрт. Хь. Хь. Ӏэминатрэ Муратрэ зэрызэпылъым адемир гу зэрылъитэрэ куэд щӀат. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэпылъщ)
ФӀыуэ зэрылъагъун, зэхухэтын, зэгуэкӀуэн.
А тӀур щызэпылъым зэжраӀар, я гум ӀэфӀрэ хуабэу илъар, я псэр зэрыщӀэу зэрыщытар, загъэпщкӀуурэ ӀэплӀэ зэрызэхуащӀар, жэщкӀэ тӀури жейм емызэгъыу зэрыщытар, я Ӏуэхум зыгуэр зэран къыхэхъухьмэ, жаӀэу зэрыгузэвар – псори и гум къигъэкӀыжащ Къазджэрий.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668
+1 örnek
ЗэпылъитӀым я гур зэрыщӀэрт, зэхуэзэрэ псалъэ закъуэ жамыӀами, а тӀум я псэмрэ я гумрэ зэжраӀэм гъунэ иӀэтэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667
Kitapta geçtiği hali
ЗЭПЫЛЪЫН (зэпылъщ) лъэмыӀ. (3). ФӀыуэ зэрылъагъун, зэхухэтын, зэгуэкӀуэн. А тӀур щызэпылъым зэжраӀар, я гум ӀэфӀрэ хуабэу илъар, я псэр зэрыщӀэу зэрыщытар, загъэпщкӀуурэ ӀэплӀэ зэрызэхуащӀар, жэщкӀэ тӀури жейм емызэгъыу зэрыщытар, я Ӏуэхум зыгуэр зэран къыхэхъухьмэ, жаӀэу зэрыгузэвар – псори и гум къигъэкӀыжащ Къазджэрий. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668. ЗэпылъитӀым я гур зэрыщӀэрт, зэхуэзэрэ псалъэ закъуэ жамыӀами, а тӀум я псэмрэ я гумрэ зэжраӀэм гъунэ иӀэтэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667.