зэпсэлъэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зопсалъэ)
1. Зыр зым епсэлъэн, зыгуэр зэжраӀэн.
руразговаривать друг с другом
Фызхэр, мафӀэхьэ кӀуауэ зэхуэзэмэ, зэпсалъэхэрт.. щхьэж и гузэвэгъуэ тепсэлъыхьу.— КӀыщокъуэ Алим
+2 örnek
Сыт ящӀэжынт къуажэдэсхэм? Зэхуос, зопсалъэ, ауэ пщым и унафэншэу вакӀуэ дэкӀын зыми дзыхь ищӀыркъым.— Шортэн Аскэрбий
Хъыджэбзищыр зэпсалъэу а здэщытым Хьэжпагуэ къабгъэдохьэ.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм
2. Унафэ гуэр зэдэщӀын, зыгуэркӀэ зэгурыӀуэн.
рудоговориться, сговориться, условиться друг с другом
ЩӀалэмрэ хъыджэбзымрэ зэрышэну зэпсэлъащ.
+1 örnek
Мысхьуд пщэдджыжь дигъэкӀыртэкъым псым къэмыкӀуэу, къакӀуэми Мэрят къыщыкӀуэ дыдэм хуэзэрт, а тӀур псы Ӏуфэм деж щызэхуэзэну зэпсэлъа хуэдэ.— КӀыщокъуэ Алим
Kitapta geçtiği hali
зэпсэлъэн (зопсалъэ) неперех. гл. 1. разговаривать друг с другом / Зыр зым епсэлъэн, зыгуэр зэжраӀэн. * Фызхэр, мафӀэхьэ кӀуауэ зэхуэзэмэ, зэпсалъэхэрт.. щхьэж и гузэвэгъуэ тепсэлъыхьу. КӀ. А. Сыт ящӀэжынт къуажэдэсхэм? Зэхуос, зопсалъэ, ауэ пщым и унафэншэу вакӀуэ дэкӀын зыми дзыхь ищӀыркъым. Ш. А. Хъыджэбзищыр зэпсалъэу а здэщытым Хьэжпагуэ къабгъэдохьэ. Щ. Ӏ. 2. договориться, сговориться, условиться друг с другом / Унафэ гуэр зэдэщӀын, зыгуэркӀэ зэгурыӀуэн. ЩӀалэмрэ хъыджэбзымрэ зэрышэну зэпсэлъащ. * Мысхьуд пщэдджыжь дигъэкӀыртэкъым псым къэмыкӀуэу, къакӀуэми Мэрят къыщыкӀуэ дыдэм хуэзэрт, а тӀур псы Ӏуфэм деж щызэхуэзэну зэпсэлъа хуэдэ. КӀ. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зопсалъэ)
1. Зэгуэр зэжеӀэн.
Бзэ ямыӀэу ар зэрощӀэ, Щхьэщи ящӀу мэкӀэ нызопсалъэ, ЗемыкӀуэххэу мэкӀэ ар зэӀуощӀэ, КъыщабзыщӀыр цӀыхум мис а пӀалъэр.— Удзымэ. «Мывэ хуабэ», 214
+2 örnek
Мэзым къыхэкӀа щӀалитӀымрэ Бэлацэрэ зэпсалъэурэ губгъуэм ифыхьа мэкъу Ӏэмбатэм и лъабжьэм къыщӀалъэфурэ хьэжыгъэ къэпитӀ, нартыху къэпищ, дзажэ гъэгъуа зытӀущ къэпым илъу гум къралъхьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 298
Саримэ сымэ я щӀыбагъым къыдэсу щыса лӀыжь гупыр я пӀэм изагъэртэкъым, езыр-езыру щызэпсалъэ къэхъурт, сценэм щыжаӀэр пэжу къалъытэми къамылъытэми тепсэлъыхьурэ, уеблэмэ я башхэмкӀэ Саримэ е Верэ Павловнэ къыщыжьэхэуэ къэхъурт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 669
2. ЗэгурыӀуэн, зыгуэрым и унафэ зэдэщӀын. ЗэдэгушыӀэн, зэпылъын.
Абдулрэ Рахьимрэ унэм щӀэуэу хъыджэбзыр къыщӀахауэ къыщагъэзэжкӀэ, Дисэ куэбжэр Ӏуихыу МутӀэ гур къыдихуэну арат зэрызэпсэлъар.— Хъуэпсэгъуэ нур, 143
+1 örnek
Хъыджэбзхэм ядэгушыӀэу сыт яжриӀами, къыщогуфӀыкӀ, ар зэпсалъа хъыджэбзым и анэри мэгуфӀэ, гъунэгъухэм яжреӀэж, мэуэ Жыраслъэн си пхъум зыкъыпригъэхыу къыпылъащ, жеӀэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 85
Псэлъэгъу.
Ӏэдэми, зэпсэлъэн хуэзащи, мэгуфӀэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 631
+1 örnek
Езым и закъуэ цӀыхухъум яхэсти, укӀытэм ихьырт, иджы Лу цӀыкӀур къыбгъурысщи зэпсэлъэн игъуэтащ [Саримэ].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 527
Kitapta geçtiği hali
ЗЭПСЭЛЪЭН I (зопсалъэ) лъэмыӀ. (53). 1. Зэгуэр зэжеӀэн. Бзэ ямыӀэу ар зэрощӀэ, Щхьэщи ящӀу мэкӀэ нызопсалъэ, ЗемыкӀуэххэу мэкӀэ ар зэӀуощӀэ, КъыщабзыщӀыр цӀыхум мис а пӀалъэр. Удзымэ. «Мывэ хуабэ», 214. Мэзым къыхэкӀа щӀалитӀымрэ Бэлацэрэ зэпсалъэурэ губгъуэм ифыхьа мэкъу Ӏэмбатэм и лъабжьэм къыщӀалъэфурэ хьэжыгъэ къэпитӀ, нартыху къэпищ, дзажэ гъэгъуа зытӀущ къэпым илъу гум къралъхьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 298. Саримэ сымэ я щӀыбагъым къыдэсу щыса лӀыжь гупыр я пӀэм изагъэртэкъым, езыр-езыру щызэпсалъэ къэхъурт, сценэм щыжаӀэр пэжу къалъытэми къамылъытэми тепсэлъыхьурэ, уеблэмэ я башхэмкӀэ Саримэ е Верэ Павловнэ къыщыжьэхэуэ къэхъурт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 669. 2. (1). ЗэгурыӀуэн, зыгуэрым и унафэ зэдэщӀын. Абдулрэ Рахьимрэ унэм щӀэуэу хъыджэбзыр къыщӀахауэ къыщагъэзэжкӀэ, Дисэ куэбжэр Ӏуихыу МутӀэ гур къыдихуэну арат зэрызэпсэлъар. Хъуэпсэгъуэ нур, 143. ЗэдэгушыӀэн, зэпылъын. Хъыджэбзхэм ядэгушыӀэу сыт яжриӀами, къыщогуфӀыкӀ, ар зэпсалъа хъыджэбзым и анэри мэгуфӀэ, гъунэгъухэм яжреӀэж, мэуэ Жыраслъэн си пхъум зыкъыпригъэхыу къыпылъащ, жеӀэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 85.
ЗЭПСЭЛЪЭН II (3). Псэлъэгъу. Ӏэдэми, зэпсэлъэн хуэзащи, мэгуфӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 631. Езым и закъуэ цӀыхухъум яхэсти, укӀытэм ихьырт, иджы Лу цӀыкӀур къыбгъурысщи зэпсэлъэн игъуэтащ [Саримэ]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 527.