зэпрышын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэпреш)
Гу, машинэ, кхъухь сыт хуэдэ гуэркӀэ мыдрыщӀым ишауэ адрыщӀым шэн; гъуэгу егъэлъэгъуурэ, мыдрыщӀым ишу адрыщӀым зыгуэр шэн.
руперевезти, перевести кого-что-л. через что-л.
ХадапщӀэ кӀуэхэр псым зэпрышын. Зи нэгу зезыгъэужьыну кӀуэхэр кхъуафэжьейкӀэ гуэлым зэпрышын.
+1 örnek
И анэм щӀалэ цӀыкӀур уэрамым зэпришри еджапӀэм кӀуэну иутӀыпщащ.— Къэбэрдей
2. КӀапсэ сыт хуэдэ гуэрым и зы кӀапэр мыдрыщӀым щыӀэу адрей и кӀапэр адрыщӀым шэн.
рупротянуть что-л. через что-л. (напр. канат, веревку, проволоку и т. п.)
Канатыр псым зэпрысшащ. Телефон кӀапсэр уэрамым зэпрашри унэм щӀашащ.
Kitapta geçtiği hali
зэпрышын (зэпреш) перех. гл. перевезти, перевести кого-что-л. через что-л. / Гу, машинэ, кхъухь сыт хуэдэ гуэркӀэ мыдрыщӀым ишауэ адрыщӀым шэн; гъуэгу егъэлъэгъуурэ, мыдрыщӀым ишу адрыщӀым зыгуэр шэн. ХадапщӀэ кӀуэхэр псым зэпрышын. Зи нэгу зезыгъэужьыну кӀуэхэр кхъуафэжьейкӀэ гуэлым зэпрышын. * И анэм щӀалэ цӀыкӀур уэрамым зэпришри еджапӀэм кӀуэну иутӀыпщащ. Къэб. 2. протянуть что-л. через что-л. (напр. канат, веревку, проволоку и т. п.) / КӀапсэ сыт хуэдэ гуэрым и зы кӀапэр мыдрыщӀым щыӀэу адрей и кӀапэр адрыщӀым шэн. Канатыр псым зэпрысшащ. Телефон кӀапсэр уэрамым зэпрашри унэм щӀашащ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэпреш)
МыдрыщӀым ишауэ адрыщӀым зэгуэрхэр шэн.
Псым лъэмыж темылъами, зы цӀыху цӀыкӀум и лъакъуэ псыф къудей мыхъуу Алыхь ӀэмыркӀэ зэпришащ, - жиӀэрти Чачэ и щхьэ дзасэр игъэсысу псалъэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 239
+1 örnek
[Чачэ:] «МэлэӀычмэ ямыщӀэу, бегъымбармэ ямыщӀэу уафэм зыгуэр къехри бэлшэвычхэр Тэрч зэпришащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 239
Kitapta geçtiği hali
ЗЭПРЫШЫН (зэпреш) лъэӀ. (2). МыдрыщӀым ишауэ адрыщӀым зэгуэрхэр шэн. Псым лъэмыж темылъами, зы цӀыху цӀыкӀум и лъакъуэ псыф къудей мыхъуу Алыхь ӀэмыркӀэ зэпришащ, - жиӀэрти Чачэ и щхьэ дзасэр игъэсысу псалъэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 239. [Чачэ:] «МэлэӀычмэ ямыщӀэу, бегъымбармэ ямыщӀэу уафэм зыгуэр къехри бэлшэвычхэр Тэрч зэпришащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 239.