зэнысэгъу
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ЗЭНЫСЭГЪУ; ELTİ (birbirinin ~si)
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зэкъуэшхэм я фызхэр.
ружены братьев, ятрови (по отношению друг к другу)
ЦӀыхухэм къахуэщӀэртэкъым зэшитӀым я лъагъуныгъэр фызхэм я фӀагъми, зэнысэгъуитӀым я зэрылъагъукӀэр ялӀэм я лэжьыгъэми.— Къэрмокъуэ Мухьэмэд
Kitapta geçtiği hali
зэнысэгъу жены братьев, ятрови (по отношению друг к другу) / Зэкъуэшхэм я фызхэр. * ЦӀыхухэм къахуэщӀэртэкъым зэшитӀым я лъагъуныгъэр фызхэм я фӀагъми, зэнысэгъуитӀым я зэрылъагъукӀэр ялӀэм я лэжьыгъэми. Къ. М.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зэкъуэшхэм я фызхэр.
Гъэшым и Ӏуэхур нэхъ тыншщ, жэмышу фермэм тет цӀыхубзхэр е зэнысэгъущ, е зэшыпхъущ, е зэунэкъуэщщи, колхоз тхьэмадэр къокӀуэри унафэ ещӀ хэт и жэмхэм нэхъ шэ нэхъыбэ къащӀишын хуейми, абы хуэдэу Ӏэтащхьэр нэфӀкӀэ зэплъа цӀыхубзым етын хуейщ шэ шынакъ махуэ къэс уи жэмхэм къыщӀэпшым щыщ, а цӀыхубзыр нэхъапэ щӀыкӀэ «Доска почетым» къытехуэу абы и гугъу газетхэми ятхын щхьэкӀэ.— Лъапсэ, 97
Kitapta geçtiği hali
ЗЭНЫСЭГЪУ (1). Зэкъуэшхэм я фызхэр. Гъэшым и Ӏуэхур нэхъ тыншщ, жэмышу фермэм тет цӀыхубзхэр е зэнысэгъущ, е зэшыпхъущ, е зэунэкъуэщщи, колхоз тхьэмадэр къокӀуэри унафэ ещӀ хэт и жэмхэм нэхъ шэ нэхъыбэ къащӀишын хуейми, абы хуэдэу Ӏэтащхьэр нэфӀкӀэ зэплъа цӀыхубзым етын хуейщ шэ шынакъ махуэ къэс уи жэмхэм къыщӀэпшым щыщ, а цӀыхубзыр нэхъапэ щӀыкӀэ «Доска почетым» къытехуэу абы и гугъу газетхэми ятхын щхьэкӀэ. Лъапсэ, 97.