зэлъэфэлӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Зыр зым елъэфэлӀэн, лъэфурэ зэгъунэгъу щӀын.
руволоком подтащить что-л. друг к другу
КӀэпӀинэхэр зэралъэфалӀэурэ пыпхъуэ ящӀ.
2. Лъэфу уи гъунэгъу щӀын, лъэфурэ зэгъэкӀуэтэлӀэн.
руволоком подтащить что-л. к себе
Абы {Мэзан} зэкӀуэцӀыпхар зрилъэфалӀэщ, нэпкъым щхьэщигъэпкӀри кӀапсэр псынщӀэ дыдэу зыӀэщӀигъэжу хуежьащ.— Жаным Борис
3. Уи мыӀыхьэ, уи мымылъку хабзэншэу ууей щӀын, зэхьэлӀэн.
руприсвоить что-л. незаконно, украсть, хапнуть
Игъуэтыр зэзылъэфалӀэм жылэ мылъку Ӏэщщэплъхьэ хъурэ, абы щыгъуэ дыгъужьыр мэлыхъуэ пщӀакъэ, - жиӀащ Хъуэжэ.— ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
зэлъэфэлӀэн 1. (зэрелъэфалӀэ) перех. гл. волоком подтащить что-л. друг к другу / Зыр зым елъэфэлӀэн, лъэфурэ зэгъунэгъу щӀын. КӀэпӀинэхэр зэралъэфалӀэурэ пыпхъуэ ящӀ. 2. волоком подтащить что-л. к себе / Лъэфу уи гъунэгъу щӀын, лъэфурэ зэгъэкӀуэтэлӀэн. * Абы {Мэзан} зэкӀуэцӀыпхар зрилъэфалӀэщ, нэпкъым щхьэщигъэпкӀри кӀапсэр псынщӀэ дыдэу зыӀэщӀигъэжу хуежьащ. Ж. Б. 3. переносное присвоить что-л. незаконно, украсть, хапнуть / Уи мыӀыхьэ, уи мымылъку хабзэншэу ууей щӀын, зэхьэлӀэн. * Игъуэтыр зэзылъэфалӀэм жылэ мылъку Ӏэщщэплъхьэ хъурэ, абы щыгъуэ дыгъужьыр мэлыхъуэ пщӀакъэ, - жиӀащ Хъуэжэ. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зрелъэфалӀэ)
Хабзэншэу зыгуэр ууей щӀын, зэхьэлӀэн.
– Догуэ, хэту пӀэрэ а ней-псейуэ къэзымылэжьа зэзылъэфалӀэр? – жиӀэри Мусэ сымэ Елдар дежкӀэ къеӀэу хуежьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 93
+1 örnek
[Дэрдэхь] Езыри арат, игъащӀэм цӀыху къигъэпцӀакъым е шынэу пэжыр ибзыщӀакъым, къимылэжьаи зрилъэфэлӀэну щӀэхъуэпсакъым, къилэжьар мащӀэми куэдми, бынунэм яхурикъурт. Хьэсэпэхъумэ. 417.
Kitapta geçtiği hali
ЗЭЛЪЭФЭЛӀЭН (зрелъэфалӀэ) лъэӀ. (3). Хабзэншэу зыгуэр ууей щӀын, зэхьэлӀэн. – Догуэ, хэту пӀэрэ а ней-псейуэ къэзымылэжьа зэзылъэфалӀэр? – жиӀэри Мусэ сымэ Елдар дежкӀэ къеӀэу хуежьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 93. [Дэрдэхь] Езыри арат, игъащӀэм цӀыху къигъэпцӀакъым е шынэу пэжыр ибзыщӀакъым, къимылэжьаи зрилъэфэлӀэну щӀэхъуэпсакъым, къилэжьар мащӀэми куэдми, бынунэм яхурикъурт. Хьэсэпэхъумэ. 417.