зэкӀэрыщӀэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Зыр зым кӀэрыщӀэн, зэпхын, зэкӀэрыпхэн. Зыр зым кӀэрыщӀауэ щытын, зэпхауэ, зэкӀэрыпхауэ зыгуэрхэр щытын.

руа) (зэкӀэрещӀэ) перех. гл. связать кого-что-л. друг с другом

Нартыху кӀэчанхэр зэкӀэрыщӀэн. б) (зэкӀэрыщӀащ) неперех. гл. быть связанными друг с другом, быть привязанными друг к другу

+2 örnek

Шыдымрэ джэдумрэ зэкӀэрыщӀауэ кърешэкӀри Хъуэжэ бэзэрым тетщ.— ӀуэрыӀуатэ

ЛутӀ Ӏэбэри Пэгунэжь къишия бгырыпхри, кӀэрахъуэри, къамэри, сэшхуэри зэкӀэрыщӀауэ кърихри Жамырзэ пэгъым дежкӀэ ишиящ.— ДыщэкӀ Мухьэмэд

Kitapta geçtiği hali

зэкӀэрыщӀэн а) (зэкӀэрещӀэ) перех. гл. связать кого-что-л. друг с другом / Зыр зым кӀэрыщӀэн, зэпхын, зэкӀэрыпхэн. Нартыху кӀэчанхэр зэкӀэрыщӀэн. б) (зэкӀэрыщӀащ) неперех. гл. быть связанными друг с другом, быть привязанными друг к другу / Зыр зым кӀэрыщӀауэ щытын, зэпхауэ, зэкӀэрыпхауэ зыгуэрхэр щытын. * Шыдымрэ джэдумрэ зэкӀэрыщӀауэ кърешэкӀри Хъуэжэ бэзэрым тетщ. фольк. ЛутӀ Ӏэбэри Пэгунэжь къишия бгырыпхри, кӀэрахъуэри, къамэри, сэшхуэри зэкӀэрыщӀауэ кърихри Жамырзэ пэгъым дежкӀэ ишиящ. Д. М.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зэкӀэрыщӀащ)

Зыр адрейм епхын, пыщӀэн.

Къэрэжьи зыгуэр къыттеуэмэ жеӀэри мэшынэ, хъыджэбз къомми и нэӀэ тетщ, якӀэлъоплъ, и фочыжьу ХьэтӀрэмтӀыгу дэс пэщэм деж къыщищэхуар узэдащи, и куэпкъым тетщ, хъыджэбз цӀыкӀухэм ящыщ лъэпэрапэрэ джалэмэ, псори зэкӀэрыщӀащи, къоувыӀэ, абы Къарэжьыр къегъэгубжь.— Лъапсэ, 35

+1 örnek

Кулачым я пхэм нобэ тхьэмбыл зэкӀэрыщӀакӀэ еуэнущ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646

Kitapta geçtiği hali

ЗЭКӀЭРЫЩӀЭН (зэкӀэрыщӀащ) лъэмыӀ. (2). Зыр адрейм епхын, пыщӀэн. Къэрэжьи зыгуэр къыттеуэмэ жеӀэри мэшынэ, хъыджэбз къомми и нэӀэ тетщ, якӀэлъоплъ, и фочыжьу ХьэтӀрэмтӀыгу дэс пэщэм деж къыщищэхуар узэдащи, и куэпкъым тетщ, хъыджэбз цӀыкӀухэм ящыщ лъэпэрапэрэ джалэмэ, псори зэкӀэрыщӀащи, къоувыӀэ, абы Къарэжьыр къегъэгубжь. Лъапсэ, 35. Кулачым я пхэм нобэ тхьэмбыл зэкӀэрыщӀакӀэ еуэнущ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646.

Düzeltme Öner

зэкӀэрыщӀэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.