зэкӀуэцӀылъхьэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэкӀуэцӀелъхьэ)
1. И кӀапэхэр зэтелъхьэурэ, тӀуащӀэ, плӀащӀэ щӀыурэ зыгуэр зэщӀэкъуэн; зэщӀэкъуауэ, зэуӀу щӀауэ зыгуэрым кӀуэцӀылъхьэн.
русложить, свернуть что-л. в узел; упаковать что-л.
Шум щӀакӀуэр дахэу зэкӀуэцӀилъхьащ.
+1 örnek
Тыкуэнтесым щэхуакӀуэм къищэхуа хьэпшыпхэр зэкӀуэцӀелъхьэ.
2. Сабийр гущэ хъыданым, щащыхум кӀуэцӀылъхьэн.
рупеленать кого-л.
Сэ сабийр быдз езгъафэ фӀэкӀ Садаф нэгъуэщӀ Ӏуэху лъэпкъ сигъащӀэтэкъым, адрей псори езым ищӀэрт: сабийр игъэпскӀырт, зэкӀуэцӀилъхьэрт, езым и гъусэу игъэжейрт.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
зэкӀуэцӀылъхьэн (зэкӀуэцӀелъхьэ) перех. гл. 1. сложить, свернуть что-л. в узел; упаковать что-л. / И кӀапэхэр зэтелъхьэурэ, тӀуащӀэ, плӀащӀэ щӀыурэ зыгуэр зэщӀэкъуэн; зэщӀэкъуауэ, зэуӀу щӀауэ зыгуэрым кӀуэцӀылъхьэн. Шум щӀакӀуэр дахэу зэкӀуэцӀилъхьащ. * Тыкуэнтесым щэхуакӀуэм къищэхуа хьэпшыпхэр зэкӀуэцӀелъхьэ. 2. пеленать кого-л. / Сабийр гущэ хъыданым, щащыхум кӀуэцӀылъхьэн. * Сэ сабийр быдз езгъафэ фӀэкӀ Садаф нэгъуэщӀ Ӏуэху лъэпкъ сигъащӀэтэкъым, адрей псори езым ищӀэрт: сабийр игъэпскӀырт, зэкӀуэцӀилъхьэрт, езым и гъусэу игъэжейрт. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэкӀуэцӀелъхьэ)
И кӀапэхэр зэтелъхьэурэ зыгуэрхэр уплӀэнщӀэн.
Астемыр письмор зэкӀуэцӀимылъхьэу гупсысэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 568
+1 örnek
Хьэпшып нэхъыфӀыӀуэ иӀэхэр зэкӀуэцӀилъхьэжауэ, пщыхьэщхьэм пшапэр зэхэуэмэ, и щхьэ дзасэр адэкӀэ-мыдэкӀэ дигъэжурэ, зэщӀодэӀукӀ, и пӀэм изагъэркъым икӀи жеижыркъым [жыраслъэн и гуащэр].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 524
Kitapta geçtiği hali
ЗЭКӀУЭЦӀЫЛЪХЬЭН (зэкӀуэцӀелъхьэ) лъэӀ. (3). И кӀапэхэр зэтелъхьэурэ зыгуэрхэр уплӀэнщӀэн. Астемыр письмор зэкӀуэцӀимылъхьэу гупсысэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 568. Хьэпшып нэхъыфӀыӀуэ иӀэхэр зэкӀуэцӀилъхьэжауэ, пщыхьэщхьэм пшапэр зэхэуэмэ, и щхьэ дзасэр адэкӀэ-мыдэкӀэ дигъэжурэ, зэщӀодэӀукӀ, и пӀэм изагъэркъым икӀи жеижыркъым [жыраслъэн и гуащэр]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 524.