зэкъуэш
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Зы адэ-анэм къалъхуа е адэкӀэ зы цӀыхухъухэр.
рубратья
2. Зы адэмрэ зы анэмрэ къалъхуа цӀыхухъухэм я къуэхэр; зы лъэпкъым щыщ цӀыхухъухэр.
румужчины одного рода
ЩакӀуитӀ зэзауэмэ, бажэ Ӏэрылъхэр яӀэщӀокӀ, зэкъуэшитӀыр зэзауэмэ, мэунэхъу.— КӀыщокъуэ Алим
+2 örnek
ЗэкъуэшитӀ псэурт, зы выжь закъуэ яӀэу.— ӀуэрыӀуатэ
ЗэкъуэшитӀрэ дзитӀ зэӀутрэ.— Псалъэжьхэр
3. Зи мурад, зи гухэлъ, зи ӀуэхущӀафэ зыуэ щыт цӀыхухэм хужаӀэ.
рубратья, соратники, сподвижники
Жэщым нурыбэр станцым егуэшыр. Ар зэкъуэшыбэм я ӀэщӀагъэфӀщ.— ПащӀэ Бэчмырзэ
Kitapta geçtiği hali
зэкъуэш 1. братья / Зы адэ-анэм къалъхуа е адэкӀэ зы цӀыхухъухэр. 2. мужчины одного рода / Зы адэмрэ зы анэмрэ къалъхуа цӀыхухъухэм я къуэхэр; зы лъэпкъым щыщ цӀыхухъухэр. * ЩакӀуитӀ зэзауэмэ, бажэ Ӏэрылъхэр яӀэщӀокӀ, зэкъуэшитӀыр зэзауэмэ, мэунэхъу. КӀ. А. ЗэкъуэшитӀ псэурт, зы выжь закъуэ яӀэу. фольк. ЗэкъуэшитӀрэ дзитӀ зэӀутрэ. (погов.) 3. переносное братья, соратники, сподвижники / Зи мурад, зи гухэлъ, зи ӀуэхущӀафэ зыуэ щыт цӀыхухэм хужаӀэ. * Жэщым нурыбэр станцым егуэшыр. Ар зэкъуэшыбэм я ӀэщӀагъэфӀщ. П. Б.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Адэ-анэкӀэ е абы языхэзкӀэ зы цӀыхухъухэр, зы лъэпкъым щыщ цӀыхухъухэр. –246.
АрщхьэкӀэ зэкъуэшитӀым я гузэвэгъуэр Елдар дэнэ щищӀэнт, фызышэ къикӀыж хуэдэу и гур Жану, и нэгум гуфӀэгъуэшхуэ зэрыщӀэтым гу лъыптэу, пцӀащхъуэм хуэдэу псынщӀэу зыблригъэхащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 245
+2 örnek
Къани щыӀэ, жаӀа щхьээкӀэ, Къазджэрий идакъым Умархэ я унэм щыӀэн, ауэ икъукӀэ и гуапэ хъуащ зэкъуэшищым, я шыпхъум цӀыхугъэ зэрахуэхъуар.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667
Зэкъуэшищым я нэхъыщӀэр, Джатэ щӀэлъу и блэгущӀэм, «ШыщӀэ къалъхум и хъумакӀуэ Хуит сыкъэфщӀи сэ сывгъакӀуэ», – ЖиӀэу, ар йолъэӀу нэхъыжьым. «— Елбэздыкъуэ, 4
Atasözleri (2)
зэкъуэшитӀрэ дзитӀ зыӀут къамэрэ
УзытемыкӀуэну лъэщ.
ЗэкъуэшитӀрэ дзитӀ зыӀут къамэрэ, жыхуаӀэр Астемыр дауи ищӀэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 57
зэкъуэш псори зы анэм къилъхуркъым
Ныбжьэгъу пэжыр къуэш хуэдэ къыпхуохъу, жыхуиӀэщ.
Зэкъуэш псори зы анэм къилъхуркъым.— ЗэкъуэшитӀ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 17
Kitapta geçtiği hali
ЗЭКЪУЭШ (50). Адэ-анэкӀэ е абы языхэзкӀэ зы цӀыхухъухэр, зы лъэпкъым щыщ цӀыхухъухэр. АрщхьэкӀэ зэкъуэшитӀым я гузэвэгъуэр Елдар дэнэ щищӀэнт, фызышэ къикӀыж хуэдэу и гур Жану, и нэгум гуфӀэгъуэшхуэ зэрыщӀэтым гу лъыптэу, пцӀащхъуэм хуэдэу псынщӀэу зыблригъэхащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 245–246. Къани щыӀэ, жаӀа щхьээкӀэ, Къазджэрий идакъым Умархэ я унэм щыӀэн, ауэ икъукӀэ и гуапэ хъуащ зэкъуэшищым, я шыпхъум цӀыхугъэ зэрахуэхъуар. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667. Зэкъуэшищым я нэхъыщӀэр, Джатэ щӀэлъу и блэгущӀэм, «ШыщӀэ къалъхум и хъумакӀуэ Хуит сыкъэфщӀи сэ сывгъакӀуэ», – ЖиӀэу, ар йолъэӀу нэхъыжьым. «Елбэздыкъуэ», 4. ☐ ЗэкъуэшитӀрэ дзитӀ зыӀут къамэрэ (2). УзытемыкӀуэну лъэщ. ЗэкъуэшитӀрэ дзитӀ зыӀут къамэрэ, жыхуаӀэр Астемыр дауи ищӀэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 57. Зэкъуэш псори зы анэм къилъхуркъым (1). Ныбжьэгъу пэжыр къуэш хуэдэ къыпхуохъу, жыхуиӀэщ. Зэкъуэш псори зы анэм къилъхуркъым. ЗэкъуэшитӀ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 17.