зэкъуэтын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэкъуэтщ)
1. Зыр зым къуэтын, я лъабжьэхэр зэтауэ зэбгъэдэтын, зэхэтын.
рустоять впритык друг к другу, находиться в одной лунке (о растениях, столбах и т. п.)
Нартыхумрэ сэхуранымрэ зэкъуэтщ.
2. Быдэу зэрыӀыгъыу, зэакъылэгъуу, зыр зым къыщхьэщыжу щытын.
рубыть единым, сплоченным, быть в союзе друг с другом
{Жанхъуэтрэ Къетыкъуэ и къуэ пщы Беслъэн} дзэшхуэ зэхуишэсри.. Шамхал Тарковскэм зэкъуэтыну быдагъэ ирищӀылӀэну Дербент нэс кӀуащ.— Нэгумэ Шорэ
Kitapta geçtiği hali
зэкъуэтын (зэкъуэтщ) неперех. гл. 1. стоять впритык друг к другу, находиться в одной лунке (о растениях, столбах и т. п.) / Зыр зым къуэтын, я лъабжьэхэр зэтауэ зэбгъэдэтын, зэхэтын. Нартыхумрэ сэхуранымрэ зэкъуэтщ. 2. переносное быть единым, сплоченным, быть в союзе друг с другом / Быдэу зэрыӀыгъыу, зэакъылэгъуу, зыр зым къыщхьэщыжу щытын. * {Жанхъуэтрэ Къетыкъуэ и къуэ пщы Беслъэн} дзэшхуэ зэхуишэсри.. Шамхал Тарковскэм зэкъуэтыну быдагъэ ирищӀылӀэну Дербент нэс кӀуащ. Н. Ш.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэкъуэтщ)
ЗэгурыӀуэн, зэрыӀыгъын, зым и Ӏуэхур адрейм диӀыгъын.
Зэкъуэшиблыр дызэкъуэтмэ, Ӏуэхур хъунущ гугъэзагъэ. «— Индийскэ поэмэ, 362
+2 örnek
Адакъэ хужьым адакъэу къыдэхъуар мин бжыгъэкӀэ ябжу щытами, дэ тӀур дызэкъуэтынщ, жиӀэу зыми жриӀакъым.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 482
[Степан Ильич Астемыр къыхуетх:] ПщӀэжрэ зэгуэр сыт ищӀыс лъэныкъуэкӀи зэкъуэшхэм хуэдэу дызэкъуэтыну зэрызэжетӀар?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 568
Kitapta geçtiği hali
ЗЭКЪУЭТЫН (зэкъуэтщ) лъэмыӀ. (10). ЗэгурыӀуэн, зэрыӀыгъын, зым и Ӏуэхур адрейм диӀыгъын. Зэкъуэшиблыр дызэкъуэтмэ, Ӏуэхур хъунущ гугъэзагъэ. «Индийскэ поэмэ», 362. Адакъэ хужьым адакъэу къыдэхъуар мин бжыгъэкӀэ ябжу щытами, дэ тӀур дызэкъуэтынщ, жиӀэу зыми жриӀакъым. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 482. [Степан Ильич Астемыр къыхуетх:] ПщӀэжрэ зэгуэр сыт ищӀыс лъэныкъуэкӀи зэкъуэшхэм хуэдэу дызэкъуэтыну зэрызэжетӀар? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 568.