зэи

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Зэгуэрми, зы зэмани.

руникогда

Мис апхуэдэу си сабиигъуэм си нэгу щӀэкӀа мы Ӏуэхугъуэр зэи сщымыгъупщэжу сигу къинащ.— КъардэнгъущӀ Зырамыку

+1 örnek

Сабийхэр ину Ӏэгу йоуэ, зэи ямылъэгъуа Ӏэхугъуэхэр яфӀэгъэщӀэгъуэну.— Ахъмэт Мухьэдин

ЗэкӀэлъызыхь союз.

русоюз то..., то...

Урокыр иухри игу зэбгъэжауэ зыхузэгуэпыжу, зэи еджэным и насып хэмылъыфэ зриплъу, зэи ерыщыгъэ хилъхьэу школыр къиухыну игу ириубыдэу общежитымкӀэ кӀуэжащ.— Къущхьэ СулътӀан

Bu maddedeki ifadeler (1)

зэи (зэгуэрми) хуэмыдэу (хуэмыдэжу)

рукак никогда.

Пэжу, зы махуэ гуэрым Софят зэи хуэмыдэжу зэгуоп.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм

Kitapta geçtiği hali

зэи I нареч. никогда / Зэгуэрми, зы зэмани. * Мис апхуэдэу си сабиигъуэм си нэгу щӀэкӀа мы Ӏуэхугъуэр зэи сщымыгъупщэжу сигу къинащ. Къ. З. Сабийхэр ину Ӏэгу йоуэ, зэи ямылъэгъуа Ӏэхугъуэхэр яфӀэгъэщӀэгъуэну. Ахъ. М. Зэи (зэгуэрми) хуэмыдэу (хуэмыдэжу) как никогда. * Пэжу, зы махуэ гуэрым Софят зэи хуэмыдэжу зэгуоп. Щ. Ӏ. II союз то..., то... / ЗэкӀэлъызыхь союз. * Урокыр иухри игу зэбгъэжауэ зыхузэгуэпыжу, зэи еджэным и насып хэмылъыфэ зриплъу, зэи ерыщыгъэ хилъхьэу школыр къиухыну игу ириубыдэу общежитымкӀэ кӀуэжащ. Къу. С.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Зэгуэрми, зы зэмани.

[Алим:] НыбжькӀэ дызэхуэдэтэкъым, балигъ хъуным нэса къытхэтти, ахэр «иныжьт», модрей цӀыкӀу защӀэм къызэрыдэджэр «жьыныбэт», шхапӀэм дыкӀуэмэ, нэхъ крушкӀэшхуэр «иныжьым» ялъыст, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ учкомым я унафэкӀэ ахэр япэ иту шхапӀэм дыкӀуэрт, зыдгъэнщӀу зэи дышхэртэкъым, щӀакхъуэ фӀыцӀэ Ӏыхьэ щхьэкӀэ ущаубэрэжьи къэхъурт.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 522

+2 örnek

Абы нэмыщӀуи щыӀэт «къигъэхъуапӀэ». Ботэх гъэмахуэм Ӏэщыхъуэхэм я деж кӀуэрти, мэл е Ӏэщ къищэхурт пуду, къезыщэхэр ицӀыхурт, къацӀыхужырти, хъарзынэу зэгурыӀуэрт, щхьищ-плӀы лейуэ къимышэу зэи къэкӀуэжыртэкъым.— Лъапсэ, 25

ЦӀыхубзхэр шынати, зыри жаӀэжыфыртэкъым, Верэ Павловнэ зэхихат Жыраслъэн и хъыбар, арщхьэкӀэ зэи илъэгъуатэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 597

Зэ, зэ щхьэкӀэ.

[Алыджыкъуэ:] Зэи сылъапэрапэри пхъэ хъурейр щысӀэпыщӀэхум, пхъэр къэзыщэхуа цӀыхубзым и лъакъуэр зэпезгъэуд пэтащ.— МелыӀыч, 439

+2 örnek

Уэндэгъу сохъу, жиӀэри зэи абы щыгуфӀыкӀащ, арщхьэкӀэ Ӏузизэ щыгугъэм Ӏуэхур щыщыӀэтэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 68

Езы Астемыр зэи къагъэлъащи, иджы тӀэкӀу ящошынэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 628

Kitapta geçtiği hali

ЗЭИ I (52). нареч. Зэгуэрми, зы зэмани. [Алим:] НыбжькӀэ дызэхуэдэтэкъым, балигъ хъуным нэса къытхэтти, ахэр «иныжьт», модрей цӀыкӀу защӀэм къызэрыдэджэр «жьыныбэт», шхапӀэм дыкӀуэмэ, нэхъ крушкӀэшхуэр «иныжьым» ялъыст, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ учкомым я унафэкӀэ ахэр япэ иту шхапӀэм дыкӀуэрт, зыдгъэнщӀу зэи дышхэртэкъым, щӀакхъуэ фӀыцӀэ Ӏыхьэ щхьэкӀэ ущаубэрэжьи къэхъурт. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 522. Абы нэмыщӀуи щыӀэт «къигъэхъуапӀэ». Ботэх гъэмахуэм Ӏэщыхъуэхэм я деж кӀуэрти, мэл е Ӏэщ къищэхурт пуду, къезыщэхэр ицӀыхурт, къацӀыхужырти, хъарзынэу зэгурыӀуэрт, щхьищ-плӀы лейуэ къимышэу зэи къэкӀуэжыртэкъым. Лъапсэ, 25. ЦӀыхубзхэр шынати, зыри жаӀэжыфыртэкъым, Верэ Павловнэ зэхихат Жыраслъэн и хъыбар, арщхьэкӀэ зэи илъэгъуатэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 597.

ЗЭИ II (5). нареч. Зэ, зэ щхьэкӀэ. [Алыджыкъуэ:] Зэи сылъапэрапэри пхъэ хъурейр щысӀэпыщӀэхум, пхъэр къэзыщэхуа цӀыхубзым и лъакъуэр зэпезгъэуд пэтащ. МелыӀыч, 439. Уэндэгъу сохъу, жиӀэри зэи абы щыгуфӀыкӀащ, арщхьэкӀэ Ӏузизэ щыгугъэм Ӏуэхур щыщыӀэтэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 68. Езы Астемыр зэи къагъэлъащи, иджы тӀэкӀу ящошынэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 628.

Düzeltme Öner

зэи
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.