зэзакъуэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Зэ, зэм фӀэмыкӀ, зэ мыхъуми.
руединожды, один, единственный раз
Мы гъэм зэзакъуэ щакӀуэ сыщыӀащ.
2. Зыгуэр къэхъуным щӀэхъуэпсыныгъэ кърагъэлъагъуэу частицэ мыхьэнэ иӀэу къагъэсэбэп.
рув роли частицы со значением желательности действия "хоть бы, хорошо бы"
ТӀуми, зэзакъуэ школ кӀуэгъуэр къэсащэрэт, жаӀэу гъэмахуэр яхуэгъэкӀуэжыртэкъым.— КӀыщокъуэ Алим
+1 örnek
{Джэрий:} -Сызыхуэпщ сэхураным и лъабжьэр бажэкӀэ удз Ӏувым зэщӀищтати, а зэзакъуэ сынэпщысу мыбы зыхэзгъэпщкӀуащэрэт, жысӀэурэ сыздэпщым мотор макъ зэхэсхащ.— Бахъты Исмэхьил
Bu maddedeki ifadeler (1)
зэзакъуэ нэхъ мыхъуми
рухотя бы {один} раз.
Kitapta geçtiği hali
зэзакъуэ нареч. 1. единожды, один, единственный раз / Зэ, зэм фӀэмыкӀ, зэ мыхъуми. Мы гъэм зэзакъуэ щакӀуэ сыщыӀащ. 2. в роли частицы со значением желательности действия "хоть бы, хорошо бы" / Зыгуэр къэхъуным щӀэхъуэпсыныгъэ кърагъэлъагъуэу частицэ мыхьэнэ иӀэу къагъэсэбэп. * ТӀуми, зэзакъуэ школ кӀуэгъуэр къэсащэрэт, жаӀэу гъэмахуэр яхуэгъэкӀуэжыртэкъым. КӀ. А. {Джэрий:} -Сызыхуэпщ сэхураным и лъабжьэр бажэкӀэ удз Ӏувым зэщӀищтати, а зэзакъуэ сынэпщысу мыбы зыхэзгъэпщкӀуащэрэт, жысӀэурэ сыздэпщым мотор макъ зэхэсхащ. Б. И. Зэзакъуэ нэхъ мыхъуми хотя бы {один} раз.