зэдэхъун

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зэдохъу)

1. Зы зэманым и кӀуэцӀкӀэ, зы зэманым ирихьэлӀэу зэмылӀэужьыгъуэ гуэр хъун.

русозреть, поспеть одновременно

Нащэмрэ балыджэмрэ зэдэхъун. Зы зэманым зэдэхъу жыг лъэпкъхэр зы сатыру хасащ.

2. Зы зэманым ирихьэлӀэу зыгуэрхэр щытыкӀэ гуэрым зэдиувэн, зыгуэр хъун.

руодновременно с кем-чем-л. стать кем-чем-л., каким-л.

Жьы зэдэхъун. Зауэр щекӀуэкӀым, сэлэтитӀыр уӀэгъэ зэдэхъуащ.

3. Зэпэхъун, я къару, зэфӀэкӀ сыт хуэдэхэр зэхуэдэн.

рубыть слаженным, соответствовать друг другу (о многих)

Гум щӀэщӀа шитӀыр зэдэхъурт.

+1 örnek

Шурэ лъэсрэ зэдэхъуркъым.— Псалъэжьхэр

4. ЗэдекӀун, зэтехуэн (зэгъусэу къыщыфэкӀэ). Къафэу тет щӀалэмрэ хъыджэбзымрэ зэдэхъуртэкъым.

рудвигаться слаженно, в одном ритме друг с другом

(зэдахъу)

ЗэщӀыгъуу, зэдэӀэпыкъуурэ былым, мылъку зэхуэхьэсын.

рук.-з. совместно нажить, приобрести что-л.

Зэкъуэшхэр зэхэсу зэхуахьэса мылъкур щызэхэкӀым зэхуэдэу ягуэшащ.

Kitapta geçtiği hali

зэдэхъун I (зэдохъу) неперех. гл. 1. созреть, поспеть одновременно / Зы зэманым и кӀуэцӀкӀэ, зы зэманым ирихьэлӀэу зэмылӀэужьыгъуэ гуэр хъун. Нащэмрэ балыджэмрэ зэдэхъун. Зы зэманым зэдэхъу жыг лъэпкъхэр зы сатыру хасащ. 2. одновременно с кем-чем-л. стать кем-чем-л., каким-л. / Зы зэманым ирихьэлӀэу зыгуэрхэр щытыкӀэ гуэрым зэдиувэн, зыгуэр хъун. Жьы зэдэхъун. Зауэр щекӀуэкӀым, сэлэтитӀыр уӀэгъэ зэдэхъуащ. 3. быть слаженным, соответствовать друг другу (о многих) / Зэпэхъун, я къару, зэфӀэкӀ сыт хуэдэхэр зэхуэдэн. Гум щӀэщӀа шитӀыр зэдэхъурт. * Шурэ лъэсрэ зэдэхъуркъым. (погов.) 4. двигаться слаженно, в одном ритме друг с другом / ЗэдекӀун, зэтехуэн (зэгъусэу къыщыфэкӀэ). Къафэу тет щӀалэмрэ хъыджэбзымрэ зэдэхъуртэкъым. II (зэдахъу) перех. гл. к.-з. совместно нажить, приобрести что-л. / ЗэщӀыгъуу, зэдэӀэпыкъуурэ былым, мылъку зэхуэхьэсын. Зэкъуэшхэр зэхэсу зэхуахьэса мылъкур щызэхэкӀым зэхуэдэу ягуэшащ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зэдохъу)

Зэпэхъун, зэфӀэкӀ сыт хуэдэкӀэ зэхуэдэн.

Шурэ лъэсрэ зэдэхъурэ жаӀамэ, машинэмрэ шурэ зэдэхъурэ, жыпӀэ хъунт, ауэ, машинэр хуэму кӀуэми, шухэр ешат, Елдар и отрядым шухэм зэрызащӀыр ягъэлъэгъуати, Инал абы гу щылъитэм, къызэкӀуэкӀащ: – ЩыкӀащ уи отрядыр, – жиӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 583

+1 örnek

Шумрэ лъэсымрэ зэдэхъурэ – апхуэдэщ Ӏуэхур, бэлшэвычымрэ пщымрэ зэдэхъунукъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 264

Kitapta geçtiği hali

ЗЭДЭХЪУН (зэдохъу) лъэмыӀ. (5). Зэпэхъун, зэфӀэкӀ сыт хуэдэкӀэ зэхуэдэн. Шурэ лъэсрэ зэдэхъурэ жаӀамэ, машинэмрэ шурэ зэдэхъурэ, жыпӀэ хъунт, ауэ, машинэр хуэму кӀуэми, шухэр ешат, Елдар и отрядым шухэм зэрызащӀыр ягъэлъэгъуати, Инал абы гу щылъитэм, къызэкӀуэкӀащ: – ЩыкӀащ уи отрядыр, – жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 583. Шумрэ лъэсымрэ зэдэхъурэ – апхуэдэщ Ӏуэхур, бэлшэвычымрэ пщымрэ зэдэхъунукъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 264.

Düzeltme Öner

зэдэхъун
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.