зэдэлэжьэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зэдолажьэ)

Зэгъусэу, зэщӀыгъуэу лэжьэн.

руработать вместе, сообща

Фызабэм и гуфӀэгъуэ нэпсхэр къелъэлъэхыу.. жиӀэгъащ, - Тобэ, тобэ, сыту лъэщ цӀыху зэдэлажьэм и къару зэхэлъыр.— ГъащӀэм дыдобакъуэ

(зэдолажьэ)

ЗэщӀыгъуу, зы зэманым ирихьэлӀэу лэжьэн, зэӀытхъын.

руизноситься одновременно

Джанэри гъуэншэджри зэдэлэжьащ. Щхьэнтэтебзэри пӀэтепхъуэри зэдэлэжьащ.

Kitapta geçtiği hali

зэдэлэжьэн I (зэдолажьэ) неперех. гл. работать вместе, сообща / Зэгъусэу, зэщӀыгъуэу лэжьэн. * Фызабэм и гуфӀэгъуэ нэпсхэр къелъэлъэхыу.. жиӀэгъащ, - Тобэ, тобэ, сыту лъэщ цӀыху зэдэлажьэм и къару зэхэлъыр. Гъ. дыдоб. II (зэдолажьэ) неперех. гл. износиться одновременно / ЗэщӀыгъуу, зы зэманым ирихьэлӀэу лэжьэн, зэӀытхъын. Джанэри гъуэншэджри зэдэлэжьащ. Щхьэнтэтебзэри пӀэтепхъуэри зэдэлэжьащ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зэдолажьэ)

Зэгъусэу лэжьыгъэ гуэр гъэзэщӀэн.

Сыт лъэпкъи ирехъуи, мэкъумэшыщӀэхэр, рабочэхэр зэшщ, диныр аркъым цӀыхур зэкъуэш зыщӀыр, зэдэлэжьэныр аращ, рабочэ муслъымэныр рабочэ чыристаным и къуэшщ, муслъымэн къулейсызыр джаур помещикым жыжьэу зригъэкӀуэлӀэнукъым, ауэ пщымрэ помещикымрэ зэфӀынущ, я диныр зырызми.— Хъуэпсэгъуэ нур, 177

+2 örnek

Алийрэ Ибрахьимрэ зэкъуажэгъут, зэдэлажьэуи щытащ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 521

[Инал Къазджэрий жреӀэ:] Агрогород тщӀымэ каммунэр дэдгъэтӀысхьэнущ, я унэм ӀункӀыбзэ емытауэ, цӀыхум дзыхь зэхуащӀу, зэдэлэжьэу, зэдэшхэжу псэун хуэдэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 531

Kitapta geçtiği hali

ЗЭДЭЛЭЖЬЭН (зэдолажьэ) лъэмыӀ. (5). Зэгъусэу лэжьыгъэ гуэр гъэзэщӀэн. Сыт лъэпкъи ирехъуи, мэкъумэшыщӀэхэр, рабочэхэр зэшщ, диныр аркъым цӀыхур зэкъуэш зыщӀыр, зэдэлэжьэныр аращ, рабочэ муслъымэныр рабочэ чыристаным и къуэшщ, муслъымэн къулейсызыр джаур помещикым жыжьэу зригъэкӀуэлӀэнукъым, ауэ пщымрэ помещикымрэ зэфӀынущ, я диныр зырызми. Хъуэпсэгъуэ нур, 177. Алийрэ Ибрахьимрэ зэкъуажэгъут, зэдэлажьэуи щытащ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 521. [Инал Къазджэрий жреӀэ:] Агрогород тщӀымэ каммунэр дэдгъэтӀысхьэнущ, я унэм ӀункӀыбзэ емытауэ, цӀыхум дзыхь зэхуащӀу, зэдэлэжьэу, зэдэшхэжу псэун хуэдэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 531.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

çalışma

Düzeltme Öner

зэдэлэжьэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.