зэдэгушыӀэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ЗЭСЭМЭРКЪЭУН/зэдэгушыӀэн (зэсэмэркъэу/зосэмэркъоу, зэжогушыӀэ); ŞAKALAŞMAK
зэдэгушыӀэн → ЗЭСЭМЭРКЪЭУН; ŞAKALAŞMAK
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: зэсэмэркъэун
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэдогушыӀэ)
1. ГушыӀэ псалъэ зэжеӀэн.
рушутить между собой
{Болэт:} -Хъыджэбзрэ щӀалэрэ щыхъукӀэ икӀи зэпсэлъылӀэнщ, икӀи зэдэгушыӀэнщ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
+1 örnek
ЗэкъуэшитӀыр егъэлеяуэ зэхуэгуапэт, зэхуэгумащӀэт: зы махуэ зэрымылъагъумэ, зэхуэзэшырт, зэныбжьэгъуфӀым хуэдэу зэдэгушыӀэрт.— Къэрмокъуэ Мухьэмэд
2. Гухэлъ зэжеӀэн, зэпылъын.
рувзаимно объясняться в любви
-Ди щӀалэгъуэм щыгъуэ дызэдэгушыӀэрт, ди гухэлъ зэжетӀэрт, ауэ а хъыджэбзым и адэ ябгэм ди насыпыр зэпиудыгъащ, - игу къэкӀыжащ лӀыжьым.— ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
зэдэгушыӀэн (зэдогушыӀэ) перех. гл. 1. шутить между собой / ГушыӀэ псалъэ зэжеӀэн. * {Болэт:} -Хъыджэбзрэ щӀалэрэ щыхъукӀэ икӀи зэпсэлъылӀэнщ, икӀи зэдэгушыӀэнщ. Къ. Хь. ЗэкъуэшитӀыр егъэлеяуэ зэхуэгуапэт, зэхуэгумащӀэт: зы махуэ зэрымылъагъумэ, зэхуэзэшырт, зэныбжьэгъуфӀым хуэдэу зэдэгушыӀэрт. Къ. М. 2. переносное взаимно объясняться в любви / Гухэлъ зэжеӀэн, зэпылъын. * -Ди щӀалэгъуэм щыгъуэ дызэдэгушыӀэрт, ди гухэлъ зэжетӀэрт, ауэ а хъыджэбзым и адэ ябгэм ди насыпыр зэпиудыгъащ, - игу къэкӀыжащ лӀыжьым. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэдогушыӀэ)
ГушыӀэ псалъэ зэжеӀэн. –643.
ЩӀалэ цӀыкӀухэм Тини яхэту зэдэгушыӀэрт: «Ей, къуажэ махуэ хъун, фыкъэдаӀуэ, пщэдей спектакль къагъэлъагъуэ, кӀэпсэмол щӀалэр молэм зэрытекӀуар зэвгъэлъагъунумэ, фыкъекӀуалӀэ», – жиӀэу Лу гъуом зригъэщхьу кӀийрт, адрейхэри абы дежьу хуэдэу зэрыгъэдыхьэшхырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 642
Kitapta geçtiği hali
ЗЭДЭГУШЫӀЭН (зэдогушыӀэ) лъэмыӀ. (1). ГушыӀэ псалъэ зэжеӀэн. ЩӀалэ цӀыкӀухэм Тини яхэту зэдэгушыӀэрт: «Ей, къуажэ махуэ хъун, фыкъэдаӀуэ, пщэдей спектакль къагъэлъагъуэ, кӀэпсэмол щӀалэр молэм зэрытекӀуар зэвгъэлъагъунумэ, фыкъекӀуалӀэ», – жиӀэу Лу гъуом зригъэщхьу кӀийрт, адрейхэри абы дежьу хуэдэу зэрыгъэдыхьэшхырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 642–643.