зэгъунэгъун
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэгъунэгъущ)
1. Уи псэупӀэкӀэ, уи унэкӀэ гъунэгъуу зэхущытын, зэбгъэдэсын.
рубыть соседями, жить по соседству
Абырэ сэрэ дызэгъунэгъущ.
2. Зэпэмыжыжьэн, зыр зым пэгъунэгъун.
рунедалеко отстоять друг от друга (о чем-л.)
УнитӀыр зэгъунэгъущ.
3. ЛыкӀэ, ӀыхьлыгъэкӀэ, гукӀэ, псэкӀэ гъунэгъуу зэхущытын.
рубыть близкими (по родству, по духу)
Солнцевымрэ Рощинрэ я зэхущытыкӀэм къыбжаӀэ хуэдэт а тӀур зэблагъэ дыдэу, кӀуэ аракъэ, зэмыкъуэшмэ, зэгъунэгъу дыдэу.— Шортэн Аскэрбий
Kitapta geçtiği hali
зэгъунэгъун (зэгъунэгъущ) неперех. гл. 1. быть соседями, жить по соседству / Уи псэупӀэкӀэ, уи унэкӀэ гъунэгъуу зэхущытын, зэбгъэдэсын. Абырэ сэрэ дызэгъунэгъущ. 2. недалеко отстоять друг от друга (о чем-л.) / Зэпэмыжыжьэн, зыр зым пэгъунэгъун. УнитӀыр зэгъунэгъущ. 3. переносное быть близкими (по родству, по духу) / ЛыкӀэ, ӀыхьлыгъэкӀэ, гукӀэ, псэкӀэ гъунэгъуу зэхущытын. * Солнцевымрэ Рощинрэ я зэхущытыкӀэм къыбжаӀэ хуэдэт а тӀур зэблагъэ дыдэу, кӀуэ аракъэ, зэмыкъуэшмэ, зэгъунэгъу дыдэу. Ш. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэгъунэгъущ)
1. Зэпэмыжыжьэн.
Махуэ къэс къуажэм зыгуэрхэр къыдотӀысхьэ: къэзакъхэр зэрыӀыгъыу къоӀэпхъуэ, осетинхэри хьэблэ-хьэблэ зэрыгъэхъуу къокӀуэри зэунэкъуэщхэр зэгъунэгъуу мэтӀыс, нэхъ унэфӀхэр зэпаубыдри къэзакъхэмрэ осетинхэмрэ щызэфӀэни щызэзэуапи къохъур.— МелыӀыч, 468
+1 örnek
Джэш плъыжь къуэлэнышхуэу Думэсарэ жагъуэгъу пэлъытэу игъэтӀылъамрэ Темботрэ щхьэ зэгъунэгъу хъуа, жиӀэу Думэсарэ гупсысащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565
2. Зэпэмыжыжьэу псэун.
Апчарэ дежкӀэ емыкӀут цӀыхухъум я псалъэ зэпиудыну, итӀани дадэм псори къытефыщӀыхьу къагъэгубжьати, и гум темыхуэу къэпсэлъащ: – ИгъащӀэм дызэгъунэгъущ, пэжкъэ?— Нал къута, 273
Kitapta geçtiği hali
ЗЭГЪУНЭГЪУН (зэгъунэгъущ) лъэмыӀ. (12). 1. (3). Зэпэмыжыжьэн. Махуэ къэс къуажэм зыгуэрхэр къыдотӀысхьэ: къэзакъхэр зэрыӀыгъыу къоӀэпхъуэ, осетинхэри хьэблэ-хьэблэ зэрыгъэхъуу къокӀуэри зэунэкъуэщхэр зэгъунэгъуу мэтӀыс, нэхъ унэфӀхэр зэпаубыдри къэзакъхэмрэ осетинхэмрэ щызэфӀэни щызэзэуапи къохъур. МелыӀыч, 468. Джэш плъыжь къуэлэнышхуэу Думэсарэ жагъуэгъу пэлъытэу игъэтӀылъамрэ Темботрэ щхьэ зэгъунэгъу хъуа, жиӀэу Думэсарэ гупсысащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565. 2. (9). Зэпэмыжыжьэу псэун. Апчарэ дежкӀэ емыкӀут цӀыхухъум я псалъэ зэпиудыну, итӀани дадэм псори къытефыщӀыхьу къагъэгубжьати, и гум темыхуэу къэпсэлъащ: – ИгъащӀэм дызэгъунэгъущ, пэжкъэ? Нал къута, 273.