зэгуэхын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэгуех)
1. ЗэгуэгъэкӀын, лъэныкъуэ зырызымкӀэ ехьэкӀын (цеикӀэ, джэдыгукӀэ сыт хуэдэхэр).
рураспахнуть (одежду)
ДжэдыгукӀэр зэгуихащ.
2. ЗэлъыӀугъэкӀуэтын, зэӀыхын, зэӀухын.
рураздвинуть что-л. в стороны (напр. траву)
{Мусэ} удзылъэ Ӏувыр и ӀитӀымкӀэ зэгуихри, псы адрыщӀымкӀэ щыплъэм, пэгун зэфӀэуа ятелъу къакӀуэхэр илъэгъуащ.— Бахъты Исмэхьил
3. ЗэӀухын (тхылъ сыт хуэдэхэр).
рураскрыть что-л. (напр. книгу)
Тхылъ зэгуэхын.
(зэгуех)
ПхъэхкӀэ зыгуэрыр зэхуэдитӀ е нэхъыбэ икӀыхьагъкӀэ щӀын.
рураспилить что-л. вдоль
Уэздыгъейр пхъэбгъуу зэгуах.
Kitapta geçtiği hali
зэгуэхын I (зэгуех) перех. гл. 1. распахнуть (одежду) / ЗэгуэгъэкӀын, лъэныкъуэ зырызымкӀэ ехьэкӀын (цеикӀэ, джэдыгукӀэ сыт хуэдэхэр). ДжэдыгукӀэр зэгуихащ. 2. раздвинуть что-л. в стороны (напр. траву) / ЗэлъыӀугъэкӀуэтын, зэӀыхын, зэӀухын. * {Мусэ} удзылъэ Ӏувыр и ӀитӀымкӀэ зэгуихри, псы адрыщӀымкӀэ щыплъэм, пэгун зэфӀэуа ятелъу къакӀуэхэр илъэгъуащ. Б. И. 3. раскрыть что-л. (напр. книгу) / ЗэӀухын (тхылъ сыт хуэдэхэр). Тхылъ зэгуэхын. II (зэгуех) перех. гл. распилить что-л. вдоль / ПхъэхкӀэ зыгуэрыр зэхуэдитӀ е нэхъыбэ икӀыхьагъкӀэ щӀын. Уэздыгъейр пхъэбгъуу зэгуах.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэгуех)
1. ПхъэхкӀэ е абы хуэдэ гуэркӀэ зэхуэдитӀ е нэхъыбэ ищӀыкӀын.
Нэхъапэрауэ, уэздыгъей жыг занщӀэшхуэу узыхуейм хуэдиз пыупщӀи, жьэуапӀэм щӀэлъу гъэгъу, итӀанэ зэгуэхи, кхъухьыр джэд бгъэгум ещхьу зэпкърылъхьэ, абы кхъуэпӀащэм и фэр фӀыуэ гъэтэджи, тебзэ, зы гъуанэ имыӀэу.— Кхъухь пхэнж, 508
2. Зэгуэгъэзын, зэпэӀэщӀэ щӀын.
[ПсыӀур быхъу хуэщӀыркъым] дауи хуэщӀын –метр щищым нос мывэу псым зэгуихар.— Нал къута, 299
3. Къызэтехын (псалъэм папщӀэ, тхылъ).
–Мэмэт-щӀакъуэм жиӀэр «Хрущев и дачэм» щагъэхъыбару зэхихати, и псалъэм шэч лъэпкъ къытрихьэркъым, игъащӀэм зэгуихыу тхылъ емыджами.— Лъапсэ, 48
Kitapta geçtiği hali
ЗЭГУЭХЫН (зэгуех) лъэӀ. (6). 1. (2). ПхъэхкӀэ е абы хуэдэ гуэркӀэ зэхуэдитӀ е нэхъыбэ ищӀыкӀын. Нэхъапэрауэ, уэздыгъей жыг занщӀэшхуэу узыхуейм хуэдиз пыупщӀи, жьэуапӀэм щӀэлъу гъэгъу, итӀанэ зэгуэхи, кхъухьыр джэд бгъэгум ещхьу зэпкърылъхьэ, абы кхъуэпӀащэм и фэр фӀыуэ гъэтэджи, тебзэ, зы гъуанэ имыӀэу. Кхъухь пхэнж, 508. 2. (2). Зэгуэгъэзын, зэпэӀэщӀэ щӀын. [ПсыӀур быхъу хуэщӀыркъым] дауи хуэщӀын –метр щищым нос мывэу псым зэгуихар. Нал къута, 299. 3. (1). зэхь. Къызэтехын (псалъэм папщӀэ, тхылъ). –Мэмэт-щӀакъуэм жиӀэр «Хрущев и дачэм» щагъэхъыбару зэхихати, и псалъэм шэч лъэпкъ къытрихьэркъым, игъащӀэм зэгуихыу тхылъ емыджами. Лъапсэ, 48.