зэгуэдэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэгуедэ)
Дыуэрэ зыгуэрхэр зэрыгъэубыдын.
русшить что-л., соединить швом (напр. шкурки)
Саримэ и щыгъыным ету традзащ, къэтӀэпӀа сыт иӀэмэ зэгуадэжащ.— КӀыщокъуэ Алим
Kitapta geçtiği hali
зэгуэдэн (зэгуедэ) перех. гл. сшить что-л., соединить швом (напр. шкурки) / Дыуэрэ зыгуэрхэр зэрыгъэубыдын. * Саримэ и щыгъыным ету традзащ, къэтӀэпӀа сыт иӀэмэ зэгуадэжащ. КӀ. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэгуедэ)
Ӏуданэ сыт хуэдэкӀэ дыуэрэ зыгуэрхэр зэрыгъэубыдын.
КхъуэпӀащэм и фэр фэдэн хъарзынэщи, зэпыдэ, зэгуэдэ.— Кхъухь пхэнж, 508
+2 örnek
Астемыр псынщӀэу и къамэр кърипхъуэтри, Ӏузизэ шхыӀэн тепхъуар къытридзри, выфэр зэрызэгуэда фэдэныр зэпигъэлъэлъащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 76
Щащыху пӀащӀиплӀу зэгуэда Ӏупхъуэр зэхуащӀыжами, цӀыхур щым хъуауэ щыст, ялъэгъуар яхуэмыгъэщӀагъуэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 669
Kitapta geçtiği hali
ЗЭГУЭДЭН (зэгуедэ) лъэӀ. (4). Ӏуданэ сыт хуэдэкӀэ дыуэрэ зыгуэрхэр зэрыгъэубыдын. КхъуэпӀащэм и фэр фэдэн хъарзынэщи, зэпыдэ, зэгуэдэ. Кхъухь пхэнж, 508. Астемыр псынщӀэу и къамэр кърипхъуэтри, Ӏузизэ шхыӀэн тепхъуар къытридзри, выфэр зэрызэгуэда фэдэныр зэпигъэлъэлъащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 76. Щащыху пӀащӀиплӀу зэгуэда Ӏупхъуэр зэхуащӀыжами, цӀыхур щым хъуауэ щыст, ялъэгъуар яхуэмыгъэщӀагъуэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 669.