зэгухьэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зэгуохьэ)

1. Зыр зым гухьэн, бгъукӀэ зэкӀуэлӀэн.

русходиться, смыкаться боковыми сторонами

2. Гъусэ, гуэгъу, дэӀэпыкъуэгъу зэхуэхъун, зэкъуэувэн.

руобъединиться, соединиться друг с другом

ДзитӀыр икӀэщӀыпӀэкӀэ зэгухьэри бийр къаувыхьащ икӀи ажал зауэм щӀадзащ.— Нэгумэ Шорэ

Kitapta geçtiği hali

зэгухьэн (зэгуохьэ) неперех. гл. 1. сходиться, смыкаться боковыми сторонами / Зыр зым гухьэн, бгъукӀэ зэкӀуэлӀэн. 2. объединиться, соединиться друг с другом / Гъусэ, гуэгъу, дэӀэпыкъуэгъу зэхуэхъун, зэкъуэувэн. * ДзитӀыр икӀэщӀыпӀэкӀэ зэгухьэри бийр къаувыхьащ икӀи ажал зауэм щӀадзащ. Н. Ш.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зэгуохьэ)

1. Гъусэ, гуэгъу, дэӀэпыкъуэгъу зэхуэхъун.

Къуажэм дэсыр зэдзейуэ зэгухьауэ я щӀыр явэрт, къуажэпщым и щӀыр явэри, трасэжауэ.— Лъапсэ, 105

+2 örnek

Унагъуэ пщӀырыпщӀу зэгухьэмэ, я лэжьыгъэр нэхъ хуэкъулей хъунщ, жаӀэу арат(къуажэдэсхэр Мысост къыщыхьащ).— Нал къута, 291

Хьэжыр апхуэдизкӀэ ерыщти, гъатхэм вакӀуэ дэкӀынухэр дзейуэ щызэгухьэкӀэ, Инус къыгухьэн имыгъуэту и витӀымкӀэ езыр-езыру вэжырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 63

2. Зы унафэм щӀэту псэуну зэкъуэувэн.

Советскэ властыр увагъащӀэу лъэпкъ Ӏэджэ зы республикэу зэгухьати, мазэщ республикэр зэрызэхэтар, щӀым щхьэкӀэ зэныкъуэкъушхуэ къаӀэтри зэмызэгъыу зэхэкӀыжащ, хэкӀыр хамыгъэкӀыну и ужь ита пэтми, мышкъышхэмрэ осетинхэмрэ щӀыр къемэщӀэкӀырти, адыгэм зыкъомрэ къедэуащ, арщхьэкӀэ зэгурыӀуакъым.— Лъапсэ, 86

Kitapta geçtiği hali

ЗЭГУХЬЭН (зэгуохьэ) лъэмыӀ. (5). 1. (4). Гъусэ, гуэгъу, дэӀэпыкъуэгъу зэхуэхъун. Къуажэм дэсыр зэдзейуэ зэгухьауэ я щӀыр явэрт, къуажэпщым и щӀыр явэри, трасэжауэ. Лъапсэ, 105. Унагъуэ пщӀырыпщӀу зэгухьэмэ, я лэжьыгъэр нэхъ хуэкъулей хъунщ, жаӀэу арат(къуажэдэсхэр Мысост къыщыхьащ). Нал къута, 291. Хьэжыр апхуэдизкӀэ ерыщти, гъатхэм вакӀуэ дэкӀынухэр дзейуэ щызэгухьэкӀэ, Инус къыгухьэн имыгъуэту и витӀымкӀэ езыр-езыру вэжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 63. 2. (1). Зы унафэм щӀэту псэуну зэкъуэувэн. Советскэ властыр увагъащӀэу лъэпкъ Ӏэджэ зы республикэу зэгухьати, мазэщ республикэр зэрызэхэтар, щӀым щхьэкӀэ зэныкъуэкъушхуэ къаӀэтри зэмызэгъыу зэхэкӀыжащ, хэкӀыр хамыгъэкӀыну и ужь ита пэтми, мышкъышхэмрэ осетинхэмрэ щӀыр къемэщӀэкӀырти, адыгэм зыкъомрэ къедэуащ, арщхьэкӀэ зэгурыӀуакъым. Лъапсэ, 86.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

birleşmek ittihat koalisyon

Düzeltme Öner

зэгухьэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.