зэв
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
зэв/зэжъу; DAR
зэжъу/зэв; DAR
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зи утыку, зи кӀуэцӀыр цӀыкӀу, мыбыхъу, бгъузэ.
руузкий, тесный
Къуэ зэв. Нэ зэв. Унэ зэв.
+3 örnek
Дунейм темыплъэу, жьы къабзэм хэмыхьэу {джэджжьей быныр} пщӀантӀэ зэвым дагъэлӀыхь.— Дыщэ кӀанэ
Зи вакъэ зэврэ зи гъавэ мащӀэрэ гузэвэгъуэ щыщӀэркъым.— Псалъэжьхэр
Хьэ банэ макъым хьэблэм дэт хьэр къызэщӀигъэвауэ уэрам зэв цӀыкӀум хьэр дэз къэхъуат.— КӀыщокъуэ Алим
Kitapta geçtiği hali
зэв узкий, тесный / Зи утыку, зи кӀуэцӀыр цӀыкӀу, мыбыхъу, бгъузэ. Къуэ зэв. Нэ зэв. Унэ зэв. * Дунейм темыплъэу, жьы къабзэм хэмыхьэу {джэджжьей быныр} пщӀантӀэ зэвым дагъэлӀыхь. Дыщэ кӀ. Зи вакъэ зэврэ зи гъавэ мащӀэрэ гузэвэгъуэ щыщӀэркъым. (погов.) Хьэ банэ макъым хьэблэм дэт хьэр къызэщӀигъэвауэ уэрам зэв цӀыкӀум хьэр дэз къэхъуат. КӀ. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Бгъузэ, зи утыкур цӀыкӀу, мыбыхъу.
Алъхъом а щӀалэм гу лъитауэ, Ар зыдэщылъым псынщӀэу мэпщ, Къуэ зэв екӀуэкӀым зритауэ Емышу макӀуэ –щӀалэ лъэщщ.— ЗэкъуэшитӀ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 18
+2 örnek
Гъуэгур, яухыпауэ къыщӀэкӀынтэкъыми, къуейщӀейт, дэкӀыгъуэхэр задэт, зэвт, шууитӀ щызэблэкӀ мыхъуу.— Нал къута, 298
Хьэ банэ макъым хьэблэм дэт хьэр къызэщӀигъэвауэ уэрам зэв цӀыкӀум дэз хъуати, хьэ банэ макъымрэ хьэжым и кӀий макъымрэ зыри зэхыуагъэхыжыртэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 65
Kitapta geçtiği hali
ЗЭВ (14). плъыф. Бгъузэ, зи утыкур цӀыкӀу, мыбыхъу. Алъхъом а щӀалэм гу лъитауэ, Ар зыдэщылъым псынщӀэу мэпщ, Къуэ зэв екӀуэкӀым зритауэ Емышу макӀуэ –щӀалэ лъэщщ. ЗэкъуэшитӀ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 18. Гъуэгур, яухыпауэ къыщӀэкӀынтэкъыми, къуейщӀейт, дэкӀыгъуэхэр задэт, зэвт, шууитӀ щызэблэкӀ мыхъуу. Нал къута, 298. Хьэ банэ макъым хьэблэм дэт хьэр къызэщӀигъэвауэ уэрам зэв цӀыкӀум дэз хъуати, хьэ банэ макъымрэ хьэжым и кӀий макъымрэ зыри зэхыуагъэхыжыртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 65.