зэбгъэдэсын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зэбгъэдэсщ)

1. Зыр зым бгъэдэсын, зэгъунэгъуу щысын.

русидеть друг возле друга

Къазджэрий и гуапэтэкъым Нащхъуэ и къулыкъур итыжыну, ауэ Ӏэмал щыӀэуи къахуэгъуэтыртэкъым... ЗэкъуэшитӀыр куэдрэ зэбгъэдэсащ, абы и гугъу ящӀу.— КӀыщокъуэ Алим

+1 örnek

ГуитӀщхьитӀу, гуфӀэнуми гуӀэнуми ямыщӀэу, анэмрэ пхъумрэ зыкъомыфӀрэ зэбгъэдэсащ, псалъэншэу.— Теунэ Хьэчим

2. Зэдэпсэун, зэгъусэу зы бынунагъуэу псэун.

ружить вместе, одной семьей

Зэкъуэшхэр зэхэмыкӀауэ зэбгъэдэсщ.

3. Зэпэгъунэгъуу псэун.

ружить рядом, по соседству

Дэ дызэгъунэгъущ, зы унэ фӀэкӀа димызэхуакуу дызэбгъэдэсщ.

Kitapta geçtiği hali

зэбгъэдэсын (зэбгъэдэсщ) неперех. гл. 1. сидеть друг возле друга / Зыр зым бгъэдэсын, зэгъунэгъуу щысын. * Къазджэрий и гуапэтэкъым Нащхъуэ и къулыкъур итыжыну, ауэ Ӏэмал щыӀэуи къахуэгъуэтыртэкъым... ЗэкъуэшитӀыр куэдрэ зэбгъэдэсащ, абы и гугъу ящӀу. КӀ. А. ГуитӀщхьитӀу, гуфӀэнуми гуӀэнуми ямыщӀэу, анэмрэ пхъумрэ зыкъомыфӀрэ зэбгъэдэсащ, псалъэншэу. Т. Хь. 2. жить вместе, одной семьей / Зэдэпсэун, зэгъусэу зы бынунагъуэу псэун. Зэкъуэшхэр зэхэмыкӀауэ зэбгъэдэсщ. 3. жить рядом, по соседству / Зэпэгъунэгъуу псэун. Дэ дызэгъунэгъущ, зы унэ фӀэкӀа димызэхуакуу дызэбгъэдэсщ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зэбгъэдэсщ)

1. Зыр зым бгъэдэсын.

А тӀур зэбгъэдэсын хуейт, я мурадхэр зэжраӀэн щхьэкӀэ.— Лъапсэ, 87

+2 örnek

Зэрыхъуами еплъ: Лу школым кӀуэжын хуейщи, справкэм поплъэ, Нахъуэрэ Чачэрэ зэбгъэдэсу нэху ягъэщащ, тӀуми псалъэ жаӀэркъым, щымщ, нэхъыбэрэ щысыфыр тлъагъукъэ, жаӀэу бэшэчагъкӀэ зэпоуэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 503

Щымыхъужым. Иналрэ нысащӀэмрэ зэрызэбгъэдэмысыр сыту фӀыт, жиӀэри ежьэжащ [Ӏурарэ].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 587

2. Зэдэшхэн-зэдефэн, ерыскъы зэдедзэкъэн. –528.

Зы Ӏэнэ фызэбгъэдэсу фыщышхэкӀэ, фи щхьэнтэ зэгъэкъуауэ фыщыжейкӀэ – фызэшщ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527

+2 örnek

Уэ ущашам уи лӀыри уэри дызэбгъэдэсу дефащ, итӀани тӀум фи языхэзыр сыту мыукӀытарэ, и? А— лъхъо, 97

Ерагъпсэрагъыу Ботэх дохутыр щӀалэ гуэрым гурыӀуащ, рестораным кӀуэуэ тӀэкӀу зэбгъэдэса нэужь.— Лъапсэ, 26

3. Зэдэпсэун, зы унагъуэу псэун.

Уэрэ сэрэ дызэбгъэдэсынщ. [Ӏурарэ и къуэм жриӀэу].— Къалэн, 434

+1 örnek

Езыри [Саружан] къызэлъэӀуащ дызэбгъэдэгъэс, жиӀэри. [Ӏурарэ жиӀэу].— Къалэн, 435

4. Зыгъэпсэхун.

[Абу- Деруиш Шыкъымхэ я пхъум жриӀэу:] Тхьэмахуэ енкӀэ дызэбгъэдэсынщ, зэгъусэу сукъым дыкӀуэнщи,

Kitapta geçtiği hali

ЗЭБГЪЭДЭСЫН (зэбгъэдэсщ) лъэмыӀ. (14). 1. (5). Зыр зым бгъэдэсын. А тӀур зэбгъэдэсын хуейт, я мурадхэр зэжраӀэн щхьэкӀэ. Лъапсэ, 87. Зэрыхъуами еплъ: Лу школым кӀуэжын хуейщи, справкэм поплъэ, Нахъуэрэ Чачэрэ зэбгъэдэсу нэху ягъэщащ, тӀуми псалъэ жаӀэркъым, щымщ, нэхъыбэрэ щысыфыр тлъагъукъэ, жаӀэу бэшэчагъкӀэ зэпоуэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 503. Щымыхъужым. Иналрэ нысащӀэмрэ зэрызэбгъэдэмысыр сыту фӀыт, жиӀэри ежьэжащ [Ӏурарэ]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 587. 2. (4). Зэдэшхэн-зэдефэн, ерыскъы зэдедзэкъэн. Зы Ӏэнэ фызэбгъэдэсу фыщышхэкӀэ, фи щхьэнтэ зэгъэкъуауэ фыщыжейкӀэ – фызэшщ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527–528. Уэ ущашам уи лӀыри уэри дызэбгъэдэсу дефащ, итӀани тӀум фи языхэзыр сыту мыукӀытарэ, и? Алъхъо, 97. Ерагъпсэрагъыу Ботэх дохутыр щӀалэ гуэрым гурыӀуащ, рестораным кӀуэуэ тӀэкӀу зэбгъэдэса нэужь. Лъапсэ, 26. 3. (3). Зэдэпсэун, зы унагъуэу псэун. Уэрэ сэрэ дызэбгъэдэсынщ. [Ӏурарэ и къуэм жриӀэу]. Къалэн, 434. Езыри [Саружан] къызэлъэӀуащ дызэбгъэдэгъэс, жиӀэри. [Ӏурарэ жиӀэу]. Къалэн, 435. 4. (2). Зыгъэпсэхун. [Абу- Деруиш Шыкъымхэ я пхъум жриӀэу:] Тхьэмахуэ енкӀэ дызэбгъэдэсынщ, зэгъусэу сукъым дыкӀуэнщи,

Düzeltme Öner

зэбгъэдэсын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.