зэбгъурытын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэбгъурытщ)
Зыр зым бгъурытын, ябгъу зэхуэгъэзауэ щытын.
рустоять друг возле друга
Лурэ Темботрэ я нэ цӀыкӀухэр къихуу шу блэкӀхэм еплъырт. Сыту телъыджащэт, ярэби, шу къомыр зэбгъурыту, лъэрыгъхэр зэжьэхэуэмэ зууэ, я сэшхуэхэр, фочхэр, къамэхэр - псори зэгъуэкӀуауэ.— КӀыщокъуэ Алим
Kitapta geçtiği hali
зэбгъурытын (зэбгъурытщ) неперех. гл. стоять друг возле друга / Зыр зым бгъурытын, ябгъу зэхуэгъэзауэ щытын. * Лурэ Темботрэ я нэ цӀыкӀухэр къихуу шу блэкӀхэм еплъырт. Сыту телъыджащэт, ярэби, шу къомыр зэбгъурыту, лъэрыгъхэр зэжьэхэуэмэ зууэ, я сэшхуэхэр, фочхэр, къамэхэр - псори зэгъуэкӀуауэ. КӀ. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэбгъурытщ)
Зым ибгъу адрейр щыту увын.
Шу псори зэбгъурыту макӀуэ, псалъэм папщӀэ, япэ имыщыпхъэ хэтмэ, и шыр къыжьэдекъуэ, ауэ а шу къомыр атакэ кӀуэуэ ежьакъэ – къыжьэдэкъуэ-ныжьэдэкъуэ щыӀэжкъым, щхьэж и шым и къару къызэрихькӀэ теутӀыпщхьауэ мажэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543
+2 örnek
Модрей щӀалитӀри пылым пэува хуэдэу, зэбгъурыту псым хэту плъэрт, мор къыхэфх, жыхуаӀэр къыхахыну, езы Бэлаци, и гъуэншэдж лъапэ лъэныкъуэр дэгъэджэрэзеяуэ, лъапэ лъэныкъуэр пыутыкӀауэ, и къамэри гуэлэлу, къиущыхьырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 55
Зыр къытежакъэ – зыр къогувэ, Зэбгъурытыну зи хуимыт.— ШууитӀ. «Батырыбжьэ», 140
Kitapta geçtiği hali
ЗЭБГЪУРЫТЫН (зэбгъурытщ) лъэмыӀ. (11). Зым ибгъу адрейр щыту увын. Шу псори зэбгъурыту макӀуэ, псалъэм папщӀэ, япэ имыщыпхъэ хэтмэ, и шыр къыжьэдекъуэ, ауэ а шу къомыр атакэ кӀуэуэ ежьакъэ – къыжьэдэкъуэ-ныжьэдэкъуэ щыӀэжкъым, щхьэж и шым и къару къызэрихькӀэ теутӀыпщхьауэ мажэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543. Модрей щӀалитӀри пылым пэува хуэдэу, зэбгъурыту псым хэту плъэрт, мор къыхэфх, жыхуаӀэр къыхахыну, езы Бэлаци, и гъуэншэдж лъапэ лъэныкъуэр дэгъэджэрэзеяуэ, лъапэ лъэныкъуэр пыутыкӀауэ, и къамэри гуэлэлу, къиущыхьырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 55. Зыр къытежакъэ – зыр къогувэ, Зэбгъурытыну зи хуимыт. ШууитӀ. «Батырыбжьэ», 140.