зэбгрыхын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зэбгрех)

1. Зы щӀыпӀэм зэуӀуу щылъыр къащтэурэ лъэныкъу зэмылӀэужьыгъуэхэмкӀхэ хьын.

руразнести что-л. (напр. письма)

Почтальоным письмохэр зэбгрех.

2. Зэбгрылъэфын.

рурастаскать что-л.

Я унэр мафӀэм зэрисыр, я мылъкур зэрызэбграхыр, зрамыгъэлъагъун щхьэкӀэ, {Щэрданхэ} кӀэртӀоф зэрылъу щыта щӀыунэм щӀэст.— КӀыщокъуэ Алим

+1 örnek

Шхын ныкъуэшхэр къуаргъхэр къетӀысэхыурэ зэбграхырт.— КӀыщокъуэ Алим

Kitapta geçtiği hali

зэбгрыхын (зэбгрех) перех. гл. 1. разнести что-л. (напр. письма) / Зы щӀыпӀэм зэуӀуу щылъыр къащтэурэ лъэныкъу зэмылӀэужьыгъуэхэмкӀхэ хьын. Почтальоным письмохэр зэбгрех. 2. растаскать что-л. / Зэбгрылъэфын. * Я унэр мафӀэм зэрисыр, я мылъкур зэрызэбграхыр, зрамыгъэлъагъун щхьэкӀэ, {Щэрданхэ} кӀэртӀоф зэрылъу щыта щӀыунэм щӀэст. КӀ. А. Шхын ныкъуэшхэр къуаргъхэр къетӀысэхыурэ зэбграхырт. КӀ. А.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зэбгрех)

ЗэуӀуу щылъ гуэр къащтэурэ лъэныкъуэ зэмылӀэужьыгъуэхэмкӀэ хьын.

Жансэхъуи Сосрыкъуи зэрыгъэкӀийрт, курсант цӀыкӀухэр зэтраӀыгъэну, арщхьэкӀэ, къызылъымысым и махуэр мыгъуэу, ежауэ хьэлыгъуанэр зэбграхыу хуежьащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 557

+2 örnek

Астемыррэ Степан Ильичрэ цӀыхур къызэтрагъэувыӀэну щыхуежьам, Елдар идакъым: – Я гугъу фымыщӀ, цырыцу зэбграхми, яхуэфащэщ, – жиӀэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 257

– Бжей жыгышхуэм фӀэлъэ, къуалэбзум налъэ-налъэу зэбграхынщи, я абгъуэм иралъхьэнщ, бзу цӀыкӀу кърашыр хуабэ-хуабэу исын хуэдэу, – жиӀэри Гуащэ и щхьэц ухуэнаитӀыр дыгъурыгъу щӀалэм иритащ.— Лъапсэ, 38

Kitapta geçtiği hali

ЗЭБГРЫХЫН (зэбгрех) лъэӀ. (9). ЗэуӀуу щылъ гуэр къащтэурэ лъэныкъуэ зэмылӀэужьыгъуэхэмкӀэ хьын. Жансэхъуи Сосрыкъуи зэрыгъэкӀийрт, курсант цӀыкӀухэр зэтраӀыгъэну, арщхьэкӀэ, къызылъымысым и махуэр мыгъуэу, ежауэ хьэлыгъуанэр зэбграхыу хуежьащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 557. Астемыррэ Степан Ильичрэ цӀыхур къызэтрагъэувыӀэну щыхуежьам, Елдар идакъым: – Я гугъу фымыщӀ, цырыцу зэбграхми, яхуэфащэщ, – жиӀэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 257. – Бжей жыгышхуэм фӀэлъэ, къуалэбзум налъэ-налъэу зэбграхынщи, я абгъуэм иралъхьэнщ, бзу цӀыкӀу кърашыр хуабэ-хуабэу исын хуэдэу, – жиӀэри Гуащэ и щхьэц ухуэнаитӀыр дыгъурыгъу щӀалэм иритащ. Лъапсэ, 38.

Düzeltme Öner

зэбгрыхын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.