зэбгрытхъун
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэбгретхъу)
ЗэуӀуу зэхэлъыр адэкӀэ-мыдэкӀэ зэлъыӀутхъун.
руразгрести что-л.
{Инус} зиущэхуауэ жьэгум илъ яжьэр зэбгритхъуурэ, дэп зытӀущ къигъуэтар зэхуихьэсурэ, къуэщӀий гъур цӀыкӀухэр ириупсейрт.— КӀыщокъуэ Алим
+1 örnek
Хьэфисэт пхъэ ӀэбжьанэкӀэ зэбгритхъурт хьэсэм икӀутауэ илъ щӀыр.— Теунэ Хьэчим
Kitapta geçtiği hali
зэбгрытхъун (зэбгретхъу) перех. гл. разгрести что-л. / ЗэуӀуу зэхэлъыр адэкӀэ-мыдэкӀэ зэлъыӀутхъун. * {Инус} зиущэхуауэ жьэгум илъ яжьэр зэбгритхъуурэ, дэп зытӀущ къигъуэтар зэхуихьэсурэ, къуэщӀий гъур цӀыкӀухэр ириупсейрт. КӀ. А. Хьэфисэт пхъэ ӀэбжьанэкӀэ зэбгритхъурт хьэсэм икӀутауэ илъ щӀыр. Т. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэбгретхъу)
ЗэуӀуу щылъыр зэпэӀэщӀэ щӀын, зэлъыӀутхъун.
Инус куэд щӀауэ хихыжат и гугъэр иджы, зиущэхужауэ, жьэгум илъ яжьэр зэбгритхъуурэ дэп зытӀущ къигъуэтар зэхуихьэсауэ, къуэщӀий гъур цӀыкӀухэр ириупсейрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 68
+1 örnek
ИтӀани яжьэр зэбгырыстхъуми, Зы мафӀэ хъуаскӀэ сымыгъуэт.— Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216
Kitapta geçtiği hali
ЗЭБГРЫТХЪУН (зэбгретхъу) лъэӀ. (2). ЗэуӀуу щылъыр зэпэӀэщӀэ щӀын, зэлъыӀутхъун. Инус куэд щӀауэ хихыжат и гугъэр иджы, зиущэхужауэ, жьэгум илъ яжьэр зэбгритхъуурэ дэп зытӀущ къигъуэтар зэхуихьэсауэ, къуэщӀий гъур цӀыкӀухэр ириупсейрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 68. ИтӀани яжьэр зэбгырыстхъуми, Зы мафӀэ хъуаскӀэ сымыгъуэт. Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216.