зэбгрыжын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэбгрож)
1. ЖэрыжэкӀэ зэбгрыкӀын.
руразбежаться в разные стороны
Елдар къакӀуэу щалъагъум, кӀэбгъу ящӀри фызхэр зэбгрыжащ.— КӀыщокъуэ Алим
+1 örnek
Ӏэщ гужьеяхэр.. лъэныкъуэ псомкӀи зэбгрыжхэрт.— Махъсидэ Залымхъан
2. Зы щӀыпӀэм икӀыу лъэныкъуэ-лъэныкъуэхэмкӀэ джэрэзурэ жэн.
рураскатиться в разные стороны
Жыгым къыпылъэлъ дахэр зэбгрож.
3. ЗыщӀыпӀэм ижу лъэныкъуэ-лъэныкъуэхэмкӀэ телъадэурэ жэн (ткӀуаткӀуэ гуэр).
рурастечься в разные стороны (о жидкости)
Псыр зэбгрыжын.
Kitapta geçtiği hali
зэбгрыжын (зэбгрож) неперех. гл. 1. разбежаться в разные стороны / ЖэрыжэкӀэ зэбгрыкӀын. * Елдар къакӀуэу щалъагъум, кӀэбгъу ящӀри фызхэр зэбгрыжащ. КӀ. А. Ӏэщ гужьеяхэр.. лъэныкъуэ псомкӀи зэбгрыжхэрт. М. З. 2. раскатиться в разные стороны / Зы щӀыпӀэм икӀыу лъэныкъуэ-лъэныкъуэхэмкӀэ джэрэзурэ жэн. Жыгым къыпылъэлъ дахэр зэбгрож. 3. растечься в разные стороны (о жидкости) / ЗыщӀыпӀэм ижу лъэныкъуэ-лъэныкъуэхэмкӀэ телъадэурэ жэн (ткӀуаткӀуэ гуэр). Псыр зэбгрыжын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэбгрож)
ЖэрыжэкӀэ зэбгрыкӀын.
[Фэуаз:] Ехудийр мо къакӀуэращ, – щыжысӀэм дызыубыдахэр къэгузэващ, псынщӀэу зэбгрыжри пшахъуэм зыхадзэжауэ зыщӀахъумэ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 401
+2 örnek
– А зинэкӀэ къалъхуа жьыныбэ къом, – жиӀэу Долэт и кӀэрахъуэжьыр къыщрилъэфым, пцӀащхъуэ цӀыкӀу хуэдэ, сабийхэр зэбгрыжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 270
Бомбардировщикхэр щалъагъум, станцым теса къомыр зэбгрыжу хуежьащ, адэкӀэ уэрам, пщӀантӀэ кӀуэцӀ сыт хуэдэхэм дэлъадэу.— Нал къута, 219
Kitapta geçtiği hali
ЗЭБГРЫЖЫН (зэбгрож) лъэмыӀ. (12). ЖэрыжэкӀэ зэбгрыкӀын. [Фэуаз:] Ехудийр мо къакӀуэращ, – щыжысӀэм дызыубыдахэр къэгузэващ, псынщӀэу зэбгрыжри пшахъуэм зыхадзэжауэ зыщӀахъумэ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 401. – А зинэкӀэ къалъхуа жьыныбэ къом, – жиӀэу Долэт и кӀэрахъуэжьыр къыщрилъэфым, пцӀащхъуэ цӀыкӀу хуэдэ, сабийхэр зэбгрыжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 270. Бомбардировщикхэр щалъагъум, станцым теса къомыр зэбгрыжу хуежьащ, адэкӀэ уэрам, пщӀантӀэ кӀуэцӀ сыт хуэдэхэм дэлъадэу. Нал къута, 219.