зыӀэщӀэудын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зыӀэщӀеуд)

Зыгуэрым къарукӀэ уӀэщӀэкӀын, зыӀэпыудын.

рувырваться из рук

Гуащэр абы нэхъри хуабжьу къигъэгубжьри щӀалэжьым зыӀэщӀиудри унэм фӀыщӀыхьэжащ. фольк. Хъусен зыри жимыӀэу кӀэлъыщӀокӀ, Саусэ зыӀэщӀеудри. Щ. Ӏ.

Kitapta geçtiği hali

зыӀэщӀэудын (зыӀэщӀеуд) перех. гл. вырваться из рук / Зыгуэрым къарукӀэ уӀэщӀэкӀын, зыӀэпыудын. Гуащэр абы нэхъри хуабжьу къигъэгубжьри щӀалэжьым зыӀэщӀиудри унэм фӀыщӀыхьэжащ. фольк. Хъусен зыри жимыӀэу кӀэлъыщӀокӀ, Саусэ зыӀэщӀеудри. Щ. Ӏ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зыӀэщӀеуд)

Зыгуэрым къарукӀэ зыӀэпыуду ӀэщӀэкӀын.

ЩӀалэ цӀыкӀум едэхащӀэу [Нурхьэлий] и пэр къиубыдыну епхъуати, Тембот зыӀэщӀиудри щӀэпхъуэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 189

+2 örnek

ХъумакӀуэхэм захъунщӀащ, адэкӀэ жащ, мыдэкӀэ жащ, зыгуэрхэри къашащ, арщхьэкӀэ Къэрэмырзэ заӀэщӀиудщ псоми, мэжджытым яфӀыщӀыхьащ, хъумакӀуэхэм ящӀэнур ямыщӀэу къызэхинэри.— Лыгъэ, 414

Дэфэрэдж и щӀалэ цӀыкӀур ӀэкӀэ ехь, сабийр зыгуэр хуейуэ зыӀэщӀиудрэ ӀэщӀэкӀмэ, кӀэлъыкӀуэу къиубыдыж хъуркъым и щхьэцымкӀэ адрейхэм епхащи, ешмэ, и ужьым иту кӀуэ Гуащэ иретри тӀэкӀу зегъэпсэху.— Лъапсэ, 35

Kitapta geçtiği hali

ЗЫӀЭЩӀЭУДЫН (зыӀэщӀеуд) лъэӀ. (10). Зыгуэрым къарукӀэ зыӀэпыуду ӀэщӀэкӀын. ЩӀалэ цӀыкӀум едэхащӀэу [Нурхьэлий] и пэр къиубыдыну епхъуати, Тембот зыӀэщӀиудри щӀэпхъуэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 189. ХъумакӀуэхэм захъунщӀащ, адэкӀэ жащ, мыдэкӀэ жащ, зыгуэрхэри къашащ, арщхьэкӀэ Къэрэмырзэ заӀэщӀиудщ псоми, мэжджытым яфӀыщӀыхьащ, хъумакӀуэхэм ящӀэнур ямыщӀэу къызэхинэри. Лыгъэ, 414. Дэфэрэдж и щӀалэ цӀыкӀур ӀэкӀэ ехь, сабийр зыгуэр хуейуэ зыӀэщӀиудрэ ӀэщӀэкӀмэ, кӀэлъыкӀуэу къиубыдыж хъуркъым и щхьэцымкӀэ адрейхэм епхащи, ешмэ, и ужьым иту кӀуэ Гуащэ иретри тӀэкӀу зегъэпсэху. Лъапсэ, 35.

Düzeltme Öner

зыӀэщӀэудын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.