зыӀэжьэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зеӀэжьэ)
Зэман гуэр дэгъэкӀын, зыгуэрым тӀэкӀурэ пэплъэн.
ИщӀэнур имыщӀэу тӀэкӀу зиӀэжьэри къэрэгъулым нэхъ щыгъыныфӀу хьэщӀапӀэ щыкӀуэм щитӀэгъар къыщитхъащ, милицэм къалъагъумэ, яхъунщӀэри яукӀыжащ жаригъэӀэну.— Лъапсэ, 51
+2 örnek
Зэгуэр джэдэщым бажэ къеуасэри и джабэ хущӀаудати, зыкъомрэ къэкӀуэн дзыхь имыщӀу зиӀэжьащ, иджы плъагъурэ – узэсэ сэгъейщ, жыхуаӀэрауэ аргуэру къэкӀуащ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484
– АдэкӀэ щӀэсхэщ Машэ сымэ, Мэдыхьэшххэр Батэ къеплъу, Йофэр ахэр ху махъсымэ, Шхынхэр куэду Ӏэнэм телъу, ТӀэкӀурэ Машэ зиӀэжьауэ ЖеӀэр лӀыжьым къыпежьауэ: - Уэ дыппоплъэ нобэ махуэм, Къытхуеблагъэ, ди тхьэмадэ, КъыщӀуухьэ лъапэ махуэ, Мыр уи унэщ, мыр уи хадэщ.— УнэщӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 33
Kitapta geçtiği hali
ЗЫӀЭЖЬЭН (зеӀэжьэ) лъэӀ. (24). Зэман гуэр дэгъэкӀын, зыгуэрым тӀэкӀурэ пэплъэн. ИщӀэнур имыщӀэу тӀэкӀу зиӀэжьэри къэрэгъулым нэхъ щыгъыныфӀу хьэщӀапӀэ щыкӀуэм щитӀэгъар къыщитхъащ, милицэм къалъагъумэ, яхъунщӀэри яукӀыжащ жаригъэӀэну. Лъапсэ, 51. Зэгуэр джэдэщым бажэ къеуасэри и джабэ хущӀаудати, зыкъомрэ къэкӀуэн дзыхь имыщӀу зиӀэжьащ, иджы плъагъурэ – узэсэ сэгъейщ, жыхуаӀэрауэ аргуэру къэкӀуащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484. – АдэкӀэ щӀэсхэщ Машэ сымэ, Мэдыхьэшххэр Батэ къеплъу, Йофэр ахэр ху махъсымэ, Шхынхэр куэду Ӏэнэм телъу, ТӀэкӀурэ Машэ зиӀэжьауэ ЖеӀэр лӀыжьым къыпежьауэ: - Уэ дыппоплъэ нобэ махуэм, Къытхуеблагъэ, ди тхьэмадэ, КъыщӀуухьэ лъапэ махуэ, Мыр уи унэщ, мыр уи хадэщ. УнэщӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 33.