зыӀурыгъэлъэдэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зыӀурегъэлъадэ)
Зыгуэр псынщӀэу икӀи къанэ щымыӀэу шхын.
рупроглотить кого-что-л.
Пщыгъуэт губжьауэ, зыӀуригъэлъэдэным хуэдэу, и нитӀымкӀэ шыхъуэ щӀалэм къыжьэхэпыджащ. Ӏуащхь.
Kitapta geçtiği hali
зыӀурыгъэлъэдэн (зыӀурегъэлъадэ) перех. гл. проглотить кого-что-л. / Зыгуэр псынщӀэу икӀи къанэ щымыӀэу шхын. Пщыгъуэт губжьауэ, зыӀуригъэлъэдэным хуэдэу, и нитӀымкӀэ шыхъуэ щӀалэм къыжьэхэпыджащ. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зыӀурегъэлъадэ)
Зэжьэдэдзэн зэуэ, псынщӀэу къанэ щымыӀэу шхын.
ХьэкӀэкхъуэкӀэ къомыр зэмызэгъыу зэдауэрт, зэныкъуэкъурт, зым зыр зыӀуригъэлъэдэнут, кхъухьыпщым щымышынатэмэ.— Кхъухь пхэнж, 508
+2 örnek
Махуэм дыгъэр благъуэм зыӀуригъэлъадэу жылэм щалъагъум, гужьеяуэ зэрызехьэрт, ящӀэнур ямыщӀэу, пэгун, лэгъуп сытхэр къащтауэ ягъэву, мэӀэуэлъауэ, фоч зиӀэм къищтауэ доуей, благъуэр ягъэщтэн я гугъэу.— Лъапсэ, 119
Дэфэрэдж щхьэкӀэ зыри гузэвакъым, «жыжьэ кӀуэнкъым – джейм зыӀуригъэлъэдэнщ», – жаӀэри.— Лъапсэ, 54
Deyimler (1)
зыӀуригъэлъэдэным хуэдэу
Хуабжьу зыгуэрым хуэгубжьауэ.
Комендантыр къэтэджри директорыр зыӀуригъэлъэдэным хуэдэу къеплъурэ жиӀащ, и Ӏупсыр къыжьэдэлъэлъу: -Тхьэр уогъэпцӀ нахуэу!— МелыӀыч, 472
Kitapta geçtiği hali
ЗЫӀУРЫГЪЭЛЪЭДЭН (зыӀурегъэлъадэ) лъэӀ. (5). Зэжьэдэдзэн зэуэ, псынщӀэу къанэ щымыӀэу шхын. ХьэкӀэкхъуэкӀэ къомыр зэмызэгъыу зэдауэрт, зэныкъуэкъурт, зым зыр зыӀуригъэлъэдэнут, кхъухьыпщым щымышынатэмэ. Кхъухь пхэнж, 508. Махуэм дыгъэр благъуэм зыӀуригъэлъадэу жылэм щалъагъум, гужьеяуэ зэрызехьэрт, ящӀэнур ямыщӀэу, пэгун, лэгъуп сытхэр къащтауэ ягъэву, мэӀэуэлъауэ, фоч зиӀэм къищтауэ доуей, благъуэр ягъэщтэн я гугъэу. Лъапсэ, 119. Дэфэрэдж щхьэкӀэ зыри гузэвакъым, «жыжьэ кӀуэнкъым – джейм зыӀуригъэлъэдэнщ», – жаӀэри. Лъапсэ, 54. ◊ ЗыӀуригъэлъэдэным хуэдэу (1). Хуабжьу зыгуэрым хуэгубжьауэ. Комендантыр къэтэджри директорыр зыӀуригъэлъэдэным хуэдэу къеплъурэ жиӀащ, и Ӏупсыр къыжьэдэлъэлъу: -Тхьэр уогъэпцӀ нахуэу! МелыӀыч, 472.