зыщӀэуфэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зыщӀеуфэ)

ЗыщӀэхъумэн, зыгуэр зытепӀэн.

руукутаться во что-л. (в одеяло и т. п.)

ШхыӀэным зыщӀэуфэн.

Kitapta geçtiği hali

зыщӀэуфэн (зыщӀеуфэ) перех. гл. укутаться во что-л. (в одеяло и т. п.) / ЗыщӀэхъумэн, зыгуэр зытепӀэн. ШхыӀэным зыщӀэуфэн.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зыщӀеуфэ)

ЗыщӀэхъумэн, зыгуэр зытепӀэн.

[Алыджыкъуэ:] ЦӀыхубзым зигъэгусауэ зигъазэри блыным зыкӀэриукӀауэ шхыӀэным зыщӀиуфащ, сэ шхыӀэн щӀагъуэ стемыпӀауэ сыкъигъанэри; сыкъэтэджу си бэлътоужьыр зытезмыпӀэу хъуакъым, шхыӀэн щӀагъым сыкъыщӀэхутэн папщӀэ, сэшхуэм адэкӀэ сыщхьэдэмыхыу хъунутэкъыми.— МелыӀыч, 444

+2 örnek

ШхыӀэн щӀагъым зыщӀиуфэри и хъыджэбз цӀыкӀум зытриубгъуащ [Иринэ].— Нал къута, 229

Хъыджэбзыр яхьыну къыщыкӀуа жэщыр и гум къэкӀыжри, Саримэ къэуӀэбжьащ, шхыӀэным зыщӀиуфэри зигъэпщкӀуа щхьэкӀэ, куэдрэ хуэмышэчу къыщӀэплъри аргуэру лӀы гуэрым и сурэт ӀупщӀу илъэгъуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 192

Kitapta geçtiği hali

ЗЫЩӀЭУФЭН (зыщӀеуфэ) лъэмыӀ. (3). ЗыщӀэхъумэн, зыгуэр зытепӀэн. [Алыджыкъуэ:] ЦӀыхубзым зигъэгусауэ зигъазэри блыным зыкӀэриукӀауэ шхыӀэным зыщӀиуфащ, сэ шхыӀэн щӀагъуэ стемыпӀауэ сыкъигъанэри; сыкъэтэджу си бэлътоужьыр зытезмыпӀэу хъуакъым, шхыӀэн щӀагъым сыкъыщӀэхутэн папщӀэ, сэшхуэм адэкӀэ сыщхьэдэмыхыу хъунутэкъыми. МелыӀыч, 444. ШхыӀэн щӀагъым зыщӀиуфэри и хъыджэбз цӀыкӀум зытриубгъуащ [Иринэ]. Нал къута, 229. Хъыджэбзыр яхьыну къыщыкӀуа жэщыр и гум къэкӀыжри, Саримэ къэуӀэбжьащ, шхыӀэным зыщӀиуфэри зигъэпщкӀуа щхьэкӀэ, куэдрэ хуэмышэчу къыщӀэплъри аргуэру лӀы гуэрым и сурэт ӀупщӀу илъэгъуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 192.

Düzeltme Öner

зыщӀэуфэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.