зыщӀегъэхын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зыщӀрегъэх)

1. ЗыщӀыпӀэ укъыщӀахыу зегъэхьын.

рузаставить, дать кому-л. вынести себя откуда-л.

Унэм зыщӀегъэхын ПщыӀэм зыщӀегъэхын.

2. Псым зыребгъэхьэхыурэ, зыгуэрым и щӀагъым щӀэкӀын.

рупроплыть под чем-л., используя течение воды; дать течению пронести себя под чем-л. (напр. под мостом)

Лъэмыж щӀагъым зыщӀегъэхын.

3. ПсынщӀэу щӀэкӀын, зыщӀэгъэбзэхыкӀын.

рупереносное просторечие смыться, убраться, уйти откуда-л. (напр. из комнаты)

ЛӀым и пыӀэр къищтэри унэм зыщӀригъэхащ. Уи хьэпшып тӀэкӀур зэщӀэкъуи, зыщӀегъэх мы унэм. Акъ. З.

4. Лэжьыгъэм зыпыӀудзын, ӀэхъуэтегъэкӀыу зыгуэр лэжьын.

руотлынивать, уклоняться от чего-л. (напр. от работы)

ЕджакӀуэм еджэным зыщӀрегъэх. Лэжьыгъэм зыщӀебгъэх хъунукъым. И тхьэусыхэр зэрызэхамыщӀыкӀым къигъэгубжьа хуэдэ. НатӀэхум зыщӀригъэхырт. Т. Хь.

Kitapta geçtiği hali

зыщӀегъэхын (зыщӀрегъэх) перех. гл. 1. заставить, дать кому-л. вынести себя откуда-л. / ЗыщӀыпӀэ укъыщӀахыу зегъэхьын. Унэм зыщӀегъэхын ПщыӀэм зыщӀегъэхын. 2. проплыть под чем-л., используя течение воды; дать течению пронести себя под чем-л. (напр. под мостом) / Псым зыребгъэхьэхыурэ, зыгуэрым и щӀагъым щӀэкӀын. Лъэмыж щӀагъым зыщӀегъэхын. 3. переносное просторечие смыться, убраться, уйти откуда-л. (напр. из комнаты) / ПсынщӀэу щӀэкӀын, зыщӀэгъэбзэхыкӀын. ЛӀым и пыӀэр къищтэри унэм зыщӀригъэхащ. Уи хьэпшып тӀэкӀур зэщӀэкъуи, зыщӀегъэх мы унэм. Акъ. З. 4. переносное отлынивать, уклоняться от чего-л. (напр. от работы) / Лэжьыгъэм зыпыӀудзын, ӀэхъуэтегъэкӀыу зыгуэр лэжьын. ЕджакӀуэм еджэным зыщӀрегъэх. Лэжьыгъэм зыщӀебгъэх хъунукъым. И тхьэусыхэр зэрызэхамыщӀыкӀым къигъэгубжьа хуэдэ. НатӀэхум зыщӀригъэхырт. Т. Хь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зыщӀрегъэх)

ПсынщӀэу щӀэкӀын, зыщӀэгъэбзэхыкӀын.

Хуэмышэчыжмэ, мэшхыдэ [Нурхьэлий:] - КӀуэ, зыщӀегъэх, сумыгъэбампӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 205

+1 örnek

Шыхэри Ӏэлщи оркестрым щыблэкӀкӀэ, бгъукӀэ зыщӀрагъэхыну, шым тесхэм яшхэр ерагъкӀэ яӀыгъщ.— Щынэхужьыкъуэ, 38

Kitapta geçtiği hali

ЗЫЩӀЕГЪЭХЫН (зыщӀрегъэх) лъэӀ. (2). зэхь. ПсынщӀэу щӀэкӀын, зыщӀэгъэбзэхыкӀын. Хуэмышэчыжмэ, мэшхыдэ [Нурхьэлий:] - КӀуэ, зыщӀегъэх, сумыгъэбампӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 205. Шыхэри Ӏэлщи оркестрым щыблэкӀкӀэ, бгъукӀэ зыщӀрагъэхыну, шым тесхэм яшхэр ерагъкӀэ яӀыгъщ. Щынэхужьыкъуэ, 38.

Düzeltme Öner

зыщӀегъэхын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.