зыщыгъэпщкӀун
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зыщегъэпщкӀу)
1. ЗыбгъэпщкӀуу зыщӀыпӀэ егъэзыпӀэ, хэщӀапӀэ щӀын.
рупрятаться где-л. от кого-л.
Хъарцыджыр бзаджэт, Ӏэмалшыти, {пхъэрым} зыкъригъэгъуэтыжыртэкъым, нобэ мы къуажэм щалъагъумэ, пщэдей модрей къуажэм зыщигъэпщкӀурт. Къэр. Хь.
2. Зыгуэрым укъызэримылъагъуным хэтын, зыпыӀудзын.
рупрятаться от кого-л., избегать кого-л.
Хъырцыджым, игъэкӀуасар щӀыгъуу, Ӏэджэ къызэхикӀухьащ, хъыджэбзым и Ӏыхьлыхэмрэ Хъырзэдж Джатэгъэжьрэ защигъэпщкӀуну. Къэр. Хь.
Kitapta geçtiği hali
зыщыгъэпщкӀун (зыщегъэпщкӀу) перех. гл. 1. прятаться где-л. от кого-л. / ЗыбгъэпщкӀуу зыщӀыпӀэ егъэзыпӀэ, хэщӀапӀэ щӀын. Хъарцыджыр бзаджэт, Ӏэмалшыти, {пхъэрым} зыкъригъэгъуэтыжыртэкъым, нобэ мы къуажэм щалъагъумэ, пщэдей модрей къуажэм зыщигъэпщкӀурт. Къэр. Хь. 2. прятаться от кого-л., избегать кого-л. / Зыгуэрым укъызэримылъагъуным хэтын, зыпыӀудзын. Хъырцыджым, игъэкӀуасар щӀыгъуу, Ӏэджэ къызэхикӀухьащ, хъыджэбзым и Ӏыхьлыхэмрэ Хъырзэдж Джатэгъэжьрэ защигъэпщкӀуну. Къэр. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зыщегъэпщкӀу)
1. Зыгуэрым зыкъомыгъэгъуэтын мурадкӀэ зыщӀыпӀэ хэщӀапӀэ, егъэзыпӀэ щӀын.
Жыраслъэн мэзым зыщегъэпщкӀу, и закъуэщ, унэу иӀэр и щӀакӀуэрщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 609
+1 örnek
Дзэ къатеуами арат: цӀыхубзхэм сабийхэр дашырти, бгъуэнщӀагъым зыщагъэпщкӀурт, лӀыжьхэм я унэм, я псэуалъэм мафӀэ ирадзырт, щӀалэ цӀыкӀухэм Ӏэщыр къуажэм дахурт, дурэшплӀэрэшхэм дахуэрти, ягъэпщкӀурт.— Лъапсэ, 54
2. Зыгуэрым укъызэримылъагъуным хэтын, зыпыӀудзын.
– СощӀэр, уилъкъэ си ӀэмыщӀэм, УспӀытӀыни сэ слъэкӀынущ, УкъикӀащи РоссиещӀым, Сэ сыхашэм, уаукӀынущ, Уи пщы дадэм зыщогъэпщкӀур, Сыт бэлыхьу сищӀ щыбгъэткӀур? «— Тисей, 507
+1 örnek
Абрэдж е лӀы зыукӀа абы и деж зыщигъэпщкӀуауэ къалъыхъуэу арат фызабэм и гугъэр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 203
Kitapta geçtiği hali
ЗЫЩЫГЪЭПЩКӀУН (зыщегъэпщкӀу) лъэӀ. (13). 1. (3). Зыгуэрым зыкъомыгъэгъуэтын мурадкӀэ зыщӀыпӀэ хэщӀапӀэ, егъэзыпӀэ щӀын. Жыраслъэн мэзым зыщегъэпщкӀу, и закъуэщ, унэу иӀэр и щӀакӀуэрщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 609. Дзэ къатеуами арат: цӀыхубзхэм сабийхэр дашырти, бгъуэнщӀагъым зыщагъэпщкӀурт, лӀыжьхэм я унэм, я псэуалъэм мафӀэ ирадзырт, щӀалэ цӀыкӀухэм Ӏэщыр къуажэм дахурт, дурэшплӀэрэшхэм дахуэрти, ягъэпщкӀурт. Лъапсэ, 54. 2. (10). Зыгуэрым укъызэримылъагъуным хэтын, зыпыӀудзын. – СощӀэр, уилъкъэ си ӀэмыщӀэм, УспӀытӀыни сэ слъэкӀынущ, УкъикӀащи РоссиещӀым, Сэ сыхашэм, уаукӀынущ, Уи пщы дадэм зыщогъэпщкӀур, Сыт бэлыхьу сищӀ щыбгъэткӀур? «Тисей», 507. Абрэдж е лӀы зыукӀа абы и деж зыщигъэпщкӀуауэ къалъыхъуэу арат фызабэм и гугъэр. Хъуэпсэгъуэ нур, 203.