зыхуэпэн

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

giyinmek
Doğuзыхуэпэн
Batıзыфэпэн
Kitapta geçtiği hali

зыфэпэн/зыхуэпэн (зефапэ/зехуапэ); GİYİNMEK

зыхуэпэн/зыфэпэн; GİYİNMEK

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зехуапэ)

Щыгъын зыщытӀэгъэн.

руодеться

Хуабэу зыхуэпэн. Мурат къыщылъэтри епӀэщӀэкӀыу зитхьэщӀащ, псынщӀэу зихуапэри щӀэкӀащ. Къ. Хь. Жьы дыдэу къотэджри пӀащӀэу зехуапэ Хьэсэн. Ӏуащхь.

Kitapta geçtiği hali

зыхуэпэн (зехуапэ) перех. гл. одеться / Щыгъын зыщытӀэгъэн. Хуабэу зыхуэпэн. Мурат къыщылъэтри епӀэщӀэкӀыу зитхьэщӀащ, псынщӀэу зихуапэри щӀэкӀащ. Къ. Хь. Жьы дыдэу къотэджри пӀащӀэу зехуапэ Хьэсэн. Ӏуащхь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зехуапэ)

1. Щыгъын зыщытӀэгъэн. –6.

Темэн Ӏуфэм Ӏута цӀыхубз къомым яхуэгъеинт «хэкум и набдзэщ» жыхуаӀэ илъэпкъыр зэ кӀуэдыгъуэу хым щыхэкӀуадэкӀэ, уеблэмэ цӀыхухъу зырыз къэнамэ, я пыӀэр къекъухауэ тӀысырти, «уэуэур ди махуэщ» жаӀэу гъуэгырт, хъыджэбз Ӏэджэми нысащӀэ щыгъынкӀэ захуэпауэ «дунейкӀэ дызэхуэмызамэ ахърэткӀэ ди насып зы хъункъэ» жаӀэу хым зыхадзэрти, зрагъэтхьэлэжырт.— Лъапсэ, 5

+2 örnek

Астемыр школым кӀуауэ, Думэсари жэмыш зэрыщӀэкӀыу, Лу къыщылъэтщ, псы тӀэкӀуи и нэкӀум щӀикӀэщ, зихуапэри, бгъуэтмэ къащтэ, хадэмкӀэ илъадэри бзэхащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 554

Зихуапэу ар [Астемыр] унэм къыщыщӀэкӀам, дунейр кӀэгъэпшагъэт, ауэ дыгъэ хуабэм пшагъуэр зэкӀэлъыщӀихурт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 311

2. Зыкъихын, зыгъэщӀэрэщӀэн.

Инал и ӀупэфӀэгъут ТӀутӀи, Инал зэрызихуапэм ещхьу, Шырыкъури къабзэу хуэпат, джанэ гъуабжэм и щӀыӀум бгырыпх щӀэкъузауэ, пыӀэ лъахъшэри щхьэрыкъуэжауэ, шырыкъу лъапщэ кӀыхьт, джэлэфей щӀыхут.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 559

+2 örnek

Езыр цӀыхубз гуакӀуэщ, дахэщ, къэзылъагъур къыдехьэх, зыӀэпешэ, ӀэкӀуэлъакӀуэщ, екӀуу зехуапэ, псом хуэмыдэжу псалъэкӀэ дахи иӀэщ.— Лъапсэ, 78

Мусэ мылъкуу иӀэр куэд дыдэ хъуртэкъым, мэлищэ зытӀущ, шыми выми зыбгъупщӀ, ауэ дахэу зихуапэрт, ишхыр мащӀэт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 78

Kitapta geçtiği hali

ЗЫХУЭПЭН (зехуапэ) лъэӀ. (32). 1. (27). Щыгъын зыщытӀэгъэн. Темэн Ӏуфэм Ӏута цӀыхубз къомым яхуэгъеинт «хэкум и набдзэщ» жыхуаӀэ илъэпкъыр зэ кӀуэдыгъуэу хым щыхэкӀуадэкӀэ, уеблэмэ цӀыхухъу зырыз къэнамэ, я пыӀэр къекъухауэ тӀысырти, «уэуэур ди махуэщ» жаӀэу гъуэгырт, хъыджэбз Ӏэджэми нысащӀэ щыгъынкӀэ захуэпауэ «дунейкӀэ дызэхуэмызамэ ахърэткӀэ ди насып зы хъункъэ» жаӀэу хым зыхадзэрти, зрагъэтхьэлэжырт. Лъапсэ, 5–6. Астемыр школым кӀуауэ, Думэсари жэмыш зэрыщӀэкӀыу, Лу къыщылъэтщ, псы тӀэкӀуи и нэкӀум щӀикӀэщ, зихуапэри, бгъуэтмэ къащтэ, хадэмкӀэ илъадэри бзэхащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 554. Зихуапэу ар [Астемыр] унэм къыщыщӀэкӀам, дунейр кӀэгъэпшагъэт, ауэ дыгъэ хуабэм пшагъуэр зэкӀэлъыщӀихурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 311. 2. (5). Зыкъихын, зыгъэщӀэрэщӀэн. Инал и ӀупэфӀэгъут ТӀутӀи, Инал зэрызихуапэм ещхьу, Шырыкъури къабзэу хуэпат, джанэ гъуабжэм и щӀыӀум бгырыпх щӀэкъузауэ, пыӀэ лъахъшэри щхьэрыкъуэжауэ, шырыкъу лъапщэ кӀыхьт, джэлэфей щӀыхут. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 559. Езыр цӀыхубз гуакӀуэщ, дахэщ, къэзылъагъур къыдехьэх, зыӀэпешэ, ӀэкӀуэлъакӀуэщ, екӀуу зехуапэ, псом хуэмыдэжу псалъэкӀэ дахи иӀэщ. Лъапсэ, 78. Мусэ мылъкуу иӀэр куэд дыдэ хъуртэкъым, мэлищэ зытӀущ, шыми выми зыбгъупщӀ, ауэ дахэу зихуапэрт, ишхыр мащӀэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 78.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

donanmak kuşanmak

Düzeltme Öner

зыхуэпэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.