зыхуэмышэчыр пщтырафэщ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
хуэшэчын
(хуешэч)
Зыгуэрым щхьэкӀэ, и хьэтыркӀэ шэчын.
Лу абы [Чачэ егъэджэным] бэлыхьу дишэчар хэт пхуишэчын?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 502
Atasözleri (1)
зыхуэмышэчыр пщтырафэщ
ЗызымыӀыгъыф, цӀыху псынщӀэм щхьэкӀэ жаӀэ.
ПщӀыхьэпӀэ дахэм сыхэту Уи лъагъуныгъэр исфакъэ, Зыхуэмышэчыр пщтырафэщ, ЖезыгъэӀари сэракъэ.— Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216
Kitapta geçtiği hali
ХУЭШЭЧЫН II (хуешэч) лъэӀ. (1). Зыгуэрым щхьэкӀэ, и хьэтыркӀэ шэчын. Лу абы [Чачэ егъэджэным] бэлыхьу дишэчар хэт пхуишэчын? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 502. ☐ Зыхуэмышэчыр пщтырафэщ (1). ЗызымыӀыгъыф, цӀыху псынщӀэм щхьэкӀэ жаӀэ. ПщӀыхьэпӀэ дахэм сыхэту Уи лъагъуныгъэр исфакъэ, Зыхуэмышэчыр пщтырафэщ, ЖезыгъэӀари сэракъэ. Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216.