зыхуэгъэхьэзырын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зыхуегъэхьэзыр)
Зыгуэрым хьэзыр зыхуэщӀын, зыхузэгъэпэщын.
руподготовиться к чему-л.
Гъатхэ лэжьыгъэхэм зыхуэгъэхьэзырын. ХьэгъуэлӀыгъуэм зыхуэгъэхьэзырын.
Kitapta geçtiği hali
зыхуэгъэхьэзырын (зыхуегъэхьэзыр) перех. гл. подготовиться к чему-л. / Зыгуэрым хьэзыр зыхуэщӀын, зыхузэгъэпэщын. Гъатхэ лэжьыгъэхэм зыхуэгъэхьэзырын. ХьэгъуэлӀыгъуэм зыхуэгъэхьэзырын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зыхуегъэхьэзыр)
Зыгуэрым зыхуэузэдын; хьэзыр зыхуэщӀын, зыхузэгъэпэщын.
[Дэфэрэдж:] Си нитӀыр сыгъэуфӀыцӀи, солъагъур Мэтрэдж къалэ жаӀэу Тамань здэщытым деж щытыгъар, кърым сеймэнхэм тенджызыр къызэпаупщӀа нэужь, а къалэр арат хэщӀапӀэу яӀар, адыгэм ятеуэным зыхуагъэхьэзыру.— Лъапсэ, 5
+2 örnek
Астемыр, Къазджэрий, Нахъуэ сымэ парт чисткэм зыхуагъэхьэзыру Ӏуэху Ӏэджэм иужь ит щхьэкӀэ, спектаклым пщӀэшхуэ хуащӀырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 626
ЦӀыхур щхьэхуещэ хъуащи щӀымахуэм зыхуагъэхьэзыр.— Нал къута, 275
Kitapta geçtiği hali
ЗЫХУЭГЪЭХЬЭЗЫРЫН (зыхуегъэхьэзыр) лъэӀ. (10). Зыгуэрым зыхуэузэдын; хьэзыр зыхуэщӀын, зыхузэгъэпэщын. [Дэфэрэдж:] Си нитӀыр сыгъэуфӀыцӀи, солъагъур Мэтрэдж къалэ жаӀэу Тамань здэщытым деж щытыгъар, кърым сеймэнхэм тенджызыр къызэпаупщӀа нэужь, а къалэр арат хэщӀапӀэу яӀар, адыгэм ятеуэным зыхуагъэхьэзыру. Лъапсэ, 5. Астемыр, Къазджэрий, Нахъуэ сымэ парт чисткэм зыхуагъэхьэзыру Ӏуэху Ӏэджэм иужь ит щхьэкӀэ, спектаклым пщӀэшхуэ хуащӀырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 626. ЦӀыхур щхьэхуещэ хъуащи щӀымахуэм зыхуагъэхьэзыр. Нал къута, 275.