зыхуей
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Bu maddedeki ifadeler (3)
зыхуей гъуэтын
руиметь все необходимое.
Зыхуей гъуэту псэун.
зыхуей хуэгъэзэн (хуэщӀэн)
русодержать кого-л. в достатке, как положено.
Быныр зыхуей хуэгъэзэн.
зыхуей хуэзащ
руподелом ему.
Kitapta geçtiği hali
зыхуей зыхуей гъуэтын иметь все необходимое. Зыхуей гъуэту псэун. Зыхуей хуэгъэзэн (хуэщӀэн) содержать кого-л. в достатке, как положено. Быныр зыхуей хуэгъэзэн. Зыхуей хуэзащ поделом ему.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зыхуэныкъуэ, бгъэдэлъыпхъэ.
Хьэжыгъэм нэмыщӀ мэлыбгъуэ, кӀапэ дагъэ, кхъуэщыным идиихьыжауэ, бжьын бла, Бжьыныху Ӏэрамэ – сымаджэхэр зыхуей дыдэт [Бэлацэ] къишар.— Хъуэпсэгъуэ нур, 280
+2 örnek
Зыхуейм хуэдиз къищэхури и кӀэрахъуэжьым шэ ирилъхьэу здэщытым, и цӀыхугъэу лӀыпӀэ иува хьэрып гуэр къабгъэдыхьащ [Дэрдэхъ].— Хьэсэпэхъумэ, 419
Ботэх гъэшым и унафэр бетэмалу зэфӀегъэкӀ: лаборанткэхэм якӀэщӀолъадэри едэхащӀэурэ, еубзэурэ я стӀол къыдэгъэжхэм цӀыхубзхэр зыхуей гуэр дедзэри шэм и Ӏувагъыр тӀукӀэ нэхъыбэу ирегъэтх, шэр Ӏувмэ, птари нэхъыбэ мэхъури уи планыр узэрыхуей дыдэу къокӀ.— Лъапсэ, 98
Deyimler (1)
зыхуей игъуэтын
ЗыхуэмыныкъуэӀауэ псэун.
ЦӀыхуи ирехъу, хьеуани ирехъу – псэ зыӀутыр, гъащӀэ зиӀэр и лъэпкъэгъум, къызыхэкӀам яхэтыжмэ, зыхуей егъуэт, лъабжьэр егъэбыдэ.— Лэчымэ, 393
Kitapta geçtiği hali
ЗЫХУЕЙ (14). Зыхуэныкъуэ, бгъэдэлъыпхъэ. Хьэжыгъэм нэмыщӀ мэлыбгъуэ, кӀапэ дагъэ, кхъуэщыным идиихьыжауэ, бжьын бла, Бжьыныху Ӏэрамэ – сымаджэхэр зыхуей дыдэт [Бэлацэ] къишар. Хъуэпсэгъуэ нур, 280. Зыхуейм хуэдиз къищэхури и кӀэрахъуэжьым шэ ирилъхьэу здэщытым, и цӀыхугъэу лӀыпӀэ иува хьэрып гуэр къабгъэдыхьащ [Дэрдэхъ]. Хьэсэпэхъумэ, 419. Ботэх гъэшым и унафэр бетэмалу зэфӀегъэкӀ: лаборанткэхэм якӀэщӀолъадэри едэхащӀэурэ, еубзэурэ я стӀол къыдэгъэжхэм цӀыхубзхэр зыхуей гуэр дедзэри шэм и Ӏувагъыр тӀукӀэ нэхъыбэу ирегъэтх, шэр Ӏувмэ, птари нэхъыбэ мэхъури уи планыр узэрыхуей дыдэу къокӀ. Лъапсэ, 98. ◊ Зыхуей игъуэтын (1). ЗыхуэмыныкъуэӀауэ псэун. ЦӀыхуи ирехъу, хьеуани ирехъу – псэ зыӀутыр, гъащӀэ зиӀэр и лъэпкъэгъум, къызыхэкӀам яхэтыжмэ, зыхуей егъуэт, лъабжьэр егъэбыдэ. Лэчымэ, 393.