зыущэхун
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
зыушъэфын/зыущэхун (зеушъэфы/ зеущэху); къэмэкъэнчъэн/ къэмакъыншэн (къэмэкъэнчъэ/ къомакъыншэ); щымын (мэщым(ыр); къэщымын (къощым(ыр); даущыншэн (мэдаущыншэ(р); къэдаущыншэн (къодаущыншэ(р); SESSİZLEŞMEK
зыущэхун → зыушъэфын; SESSİZLEŞMEK
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: зыушъэфын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зеущэху)
1. Щэху зыщӀын, Ӏэуэлъауэншэ зыщӀын.
руутихнуть, умолкнуть, замолчать
ФызитӀым къаӀэта Ӏуэхум зыкъомрэ ирипсэлъа нэужь, заущэху. Хь. Хь. Хьэсаншым зыри жиӀакъым, зиущэхуащ, къалмыкъхэм "сыӀэзэщ" яжриӀэри къуажэм къыдыхьащ. Къэр. Хь.
2. Нэхъ кӀащхъэ хъун (жьыр). Борэным зиущэхуащ.
руутихнуть, прекратиться (напр. о ветре)
Kitapta geçtiği hali
зыущэхун (зеущэху) перех. гл. 1. утихнуть, умолкнуть, замолчать / Щэху зыщӀын, Ӏэуэлъауэншэ зыщӀын. ФызитӀым къаӀэта Ӏуэхум зыкъомрэ ирипсэлъа нэужь, заущэху. Хь. Хь. Хьэсаншым зыри жиӀакъым, зиущэхуащ, къалмыкъхэм "сыӀэзэщ" яжриӀэри къуажэм къыдыхьащ. Къэр. Хь. 2. утихнуть, прекратиться (напр. о ветре) / Нэхъ кӀащхъэ хъун (жьыр). Борэным зиущэхуащ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зеущэху)
1. Ӏэуэлъауэншэ хъун, щэху зыщӀын.
И адэр жэщыбгым фӀэкӀауэщ къыщысыжар, зэанэзэпхъум жейнэпцӀ защӀауэ заущэхури хэкӀуэтауэ къэсыжам гу лъамыта хуэдэу защӀащ, арщхьэкӀэ ар зэрыщӀэкӀыу, хъыджэбзым и анэм зыми емыупщӀу дохутыр жэри къишащ.— Лъапсэ, 27
+2 örnek
Сыкъэтэджу щхьэ сыщӀэмыкӀыжрэ, жиӀэу зигукӀэ жызыӀи яхэту къыщӀэкӀынт, арщхьэкӀэ, Инал фӀэлӀыкӀырти, заущэхуауэ щыст.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 587
[Алыджыкъуэ:] Мы къэгъуэлъам мурад гуэр иӀэу пӀэрэ, жыхуиӀэу цӀыхубзыр къызэжьэу зы тэлайкӀэ хэлъащ, зимыгъэхъейуэ, сэ зызущэхуауэ сыщӀыщылъыр къыгурымыӀуэу си дежкӀэ зыкъыщигъазэм, сэшхуэм къеӀусэри занщӀэу къэскӀащ: – Мыр сыт?— МелыӀыч, 443
2. Щхьэусыгъуэ гуэркӀэ гу зылъумыгъэтэн.
Баш кӀыхь зыӀыгъым картэм теӀэбэурэ къарегъэлъагъу: – Мис мы къуэладжэм деж танкыр жэщым щызэхуосри заущэхуауэ дэсщ, сигналым къыпэплъэу.— Лыгъэ, 410
+2 örnek
Езыми [Берие] фадэм и гур къигъэжанауэ, и нэр псывэ щӀэкӀа хуэдэ, къилыдыкӀыу, хъыджэбз дахэ дыдэхэр къыбгъэдыхьэрэ шхын къытрагъэувэмэ, е тепщэч нэщӀхэр щытрахыжкӀэ, и гурыӀупсыр къажэу, ныжэбэ си гупэ хэлъынур дэтхэнэрауэ пӀэрэ, жиӀэу, хьэщэхурыпхъуэм ещхьу зиущэхуауэ, нэбгъузкӀэ яхэдэрт, и псэм къыхихыр и пэшым щӀригъэшэну.— Лъапсэ, 86
ШыфӀ зиӀэхэр гузавэрт, дыгъуакӀуэм и цӀэ итӀуэм къыдэдыгъуэнщ, жаӀэрти, дыгъуакӀуэр зэхъуэпсэн шы зимыӀэ нэхъ къулейсызхэм – «дэ тфӀадыгъун диӀэкъым», – жаӀэу заущэхурт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 83
3. Ӏэсэ хъун.
Нэпкъ лъагэм уэсыр кърепхъых, Щофийр ар бгыщхьэм, зэм къогъых, Зэм зеущэхури мэкӀуэдыж, Нарт шум зыпищӀми къыкъуоуж.— Борэныр бгыщхьэм. «Шум и гъуэгу», 28
+2 örnek
Алий-бей и уэрэди жаӀэу щытащ, мыбы хуэдэ псалъэ хэту: «И Ӏэр иӀэтмэ, хым зеущэху, зиущэхуамэ, пшэр егъэпсалъэ…»— Лъапсэ, 40
Псы цӀыкӀур Ӏэуэлъауэ имыщӀу, зиущэхуа хуэдэу, йокӀуэсэх.— Хъуэпсэгъуэ нур, 226
Kitapta geçtiği hali
ЗЫУЩЭХУН (зеущэху) лъэмыӀ. (58). 1. (38). Ӏэуэлъауэншэ хъун, щэху зыщӀын. И адэр жэщыбгым фӀэкӀауэщ къыщысыжар, зэанэзэпхъум жейнэпцӀ защӀауэ заущэхури хэкӀуэтауэ къэсыжам гу лъамыта хуэдэу защӀащ, арщхьэкӀэ ар зэрыщӀэкӀыу, хъыджэбзым и анэм зыми емыупщӀу дохутыр жэри къишащ. Лъапсэ, 27. Сыкъэтэджу щхьэ сыщӀэмыкӀыжрэ, жиӀэу зигукӀэ жызыӀи яхэту къыщӀэкӀынт, арщхьэкӀэ, Инал фӀэлӀыкӀырти, заущэхуауэ щыст. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 587. [Алыджыкъуэ:] Мы къэгъуэлъам мурад гуэр иӀэу пӀэрэ, жыхуиӀэу цӀыхубзыр къызэжьэу зы тэлайкӀэ хэлъащ, зимыгъэхъейуэ, сэ зызущэхуауэ сыщӀыщылъыр къыгурымыӀуэу си дежкӀэ зыкъыщигъазэм, сэшхуэм къеӀусэри занщӀэу къэскӀащ: – Мыр сыт? МелыӀыч, 443. 2. (15). Щхьэусыгъуэ гуэркӀэ гу зылъумыгъэтэн. Баш кӀыхь зыӀыгъым картэм теӀэбэурэ къарегъэлъагъу: – Мис мы къуэладжэм деж танкыр жэщым щызэхуосри заущэхуауэ дэсщ, сигналым къыпэплъэу. Лыгъэ, 410. Езыми [Берие] фадэм и гур къигъэжанауэ, и нэр псывэ щӀэкӀа хуэдэ, къилыдыкӀыу, хъыджэбз дахэ дыдэхэр къыбгъэдыхьэрэ шхын къытрагъэувэмэ, е тепщэч нэщӀхэр щытрахыжкӀэ, и гурыӀупсыр къажэу, ныжэбэ си гупэ хэлъынур дэтхэнэрауэ пӀэрэ, жиӀэу, хьэщэхурыпхъуэм ещхьу зиущэхуауэ, нэбгъузкӀэ яхэдэрт, и псэм къыхихыр и пэшым щӀригъэшэну. Лъапсэ, 86. ШыфӀ зиӀэхэр гузавэрт, дыгъуакӀуэм и цӀэ итӀуэм къыдэдыгъуэнщ, жаӀэрти, дыгъуакӀуэр зэхъуэпсэн шы зимыӀэ нэхъ къулейсызхэм – «дэ тфӀадыгъун диӀэкъым», – жаӀэу заущэхурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 83. 3. (5). Ӏэсэ хъун. Нэпкъ лъагэм уэсыр кърепхъых, Щофийр ар бгыщхьэм, зэм къогъых, Зэм зеущэхури мэкӀуэдыж, Нарт шум зыпищӀми къыкъуоуж. Борэныр бгыщхьэм. «Шум и гъуэгу», 28. Алий-бей и уэрэди жаӀэу щытащ, мыбы хуэдэ псалъэ хэту: «И Ӏэр иӀэтмэ, хым зеущэху, зиущэхуамэ, пшэр егъэпсалъэ…» Лъапсэ, 40. Псы цӀыкӀур Ӏэуэлъауэ имыщӀу, зиущэхуа хуэдэу, йокӀуэсэх. Хъуэпсэгъуэ нур, 226.