зыущэхужын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зеущэхуж)
Зыгуэр зэхэщӀыхьауэ сабырыжын.
рупритихнуть, умолкнуть, натворив что-л.
ЩӀалэ цӀыкӀум стаканыр икъутэри зиущэхужащ. Сэ зыри жызмыӀэу зызущэхужри абы {си гъусэм} и ужьым ситу сежьащ. Къ. З.
Kitapta geçtiği hali
зыущэхужын (зеущэхуж) перех. гл. притихнуть, умолкнуть, натворив что-л. / Зыгуэр зэхэщӀыхьауэ сабырыжын. ЩӀалэ цӀыкӀум стаканыр икъутэри зиущэхужащ. Сэ зыри жызмыӀэу зызущэхужри абы {си гъусэм} и ужьым ситу сежьащ. Къ. З.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зеущэхуж)
1. Сабырыжын, увыӀэжын, бэяужын, щыгъэтыжын.
Дэфэрэдж гуэщ кӀыфӀым щӀагуати, зиплъыхь щхьэкӀэ зыри илъагъунутэкъым, цӀыху куэд зэрыщӀэсым шэч хэлътэкъым, адэкӀэ-мыдэкӀэ хэт къугъыу, хэт къегъыхыу, хэти гъыным игъэундэращхъуэри заущэхужауэ хъыджэбз Ӏэджэ зэхэст.— Лъапсэ, 32
+2 örnek
Дунейм ехыжа хьэжым и мылъкум щыщ Аралпми, Гъуумари къадыми ялъысри заущэхужащ, абыхэм ещхьу Нухьэлий къылъысар ихъумэу щысыфынутэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 146
Къазмай и псалъэр Инал ӀэщӀиудати, къущхьэ лӀыжьу къурш гъуэгуи къызыпызычам зиущэхужауэ щыст, къызэрыкӀуами, псалъэ зэрыжиӀами хущӀегъуэжа хуэдэт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592
2. ЗыщӀэлъэфыжын, зыбзыщӀыжын.
Пэжыр жыпӀэмэ, езы Нартыхур къулыкъущӀэкъуу щымыту, нэхъ тегушхуауэ Ӏуэхум и ужь итыгъатэмэ, зыгуэрхэри хузэфӀэкӀыну къыщӀэкӀынт, ауэ «къомыгъэхъей абы хуэдэ Ӏуэху» жиӀэу лӀыщхьэу щӀыр щыпачым хэлӀыфӀыхьа Микоян щыжиӀэм, Нартыхум зиущэхужащ, къытхуэнам зридгъэкъум нэхъыфӀщ жыхуиӀэу.— Лъапсэ, 83
+2 örnek
И письмор КӀурацэ и гуфӀакӀэм дэлът дыуэм ещхьу, арщхьэкӀэ абыи къыгурыӀуат Апчарэ пцӀы щӀиупсри, зиущэхужащ.— Нал къута, 289
Модрей кӀэрахъуэ зиӀэхэми заущэхужащ, уеблэмэ щэху цӀыкӀуурэ я унэ ирагъэхьыжащ, Алий зэхуишэсу фӀыуэ къегия нэужь.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531
Kitapta geçtiği hali
ЗЫУЩЭХУЖЫН (зеущэхуж) лъэмыӀ. (28). 1. (18). Сабырыжын, увыӀэжын, бэяужын, щыгъэтыжын. Дэфэрэдж гуэщ кӀыфӀым щӀагуати, зиплъыхь щхьэкӀэ зыри илъагъунутэкъым, цӀыху куэд зэрыщӀэсым шэч хэлътэкъым, адэкӀэ-мыдэкӀэ хэт къугъыу, хэт къегъыхыу, хэти гъыным игъэундэращхъуэри заущэхужауэ хъыджэбз Ӏэджэ зэхэст. Лъапсэ, 32. Дунейм ехыжа хьэжым и мылъкум щыщ Аралпми, Гъуумари къадыми ялъысри заущэхужащ, абыхэм ещхьу Нухьэлий къылъысар ихъумэу щысыфынутэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 146. Къазмай и псалъэр Инал ӀэщӀиудати, къущхьэ лӀыжьу къурш гъуэгуи къызыпызычам зиущэхужауэ щыст, къызэрыкӀуами, псалъэ зэрыжиӀами хущӀегъуэжа хуэдэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592. 2. (10). ЗыщӀэлъэфыжын, зыбзыщӀыжын. Пэжыр жыпӀэмэ, езы Нартыхур къулыкъущӀэкъуу щымыту, нэхъ тегушхуауэ Ӏуэхум и ужь итыгъатэмэ, зыгуэрхэри хузэфӀэкӀыну къыщӀэкӀынт, ауэ «къомыгъэхъей абы хуэдэ Ӏуэху» жиӀэу лӀыщхьэу щӀыр щыпачым хэлӀыфӀыхьа Микоян щыжиӀэм, Нартыхум зиущэхужащ, къытхуэнам зридгъэкъум нэхъыфӀщ жыхуиӀэу. Лъапсэ, 83. И письмор КӀурацэ и гуфӀакӀэм дэлът дыуэм ещхьу, арщхьэкӀэ абыи къыгурыӀуат Апчарэ пцӀы щӀиупсри, зиущэхужащ. Нал къута, 289. Модрей кӀэрахъуэ зиӀэхэми заущэхужащ, уеблэмэ щэху цӀыкӀуурэ я унэ ирагъэхьыжащ, Алий зэхуишэсу фӀыуэ къегия нэужь. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531.