зыужьыжын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зеужьыж)

1. НэхъыфӀ хъужын, уи узыншагъэр зэфӀэувэжын.

рупоправиться, выздороветь

ТхьэмахуитӀ нэхъ дэмыкӀыу Шорэ нэхъыфӀ мэхъу, хуэмурэ зеужьыж. Ш. А. Абы и псэукӀэр фӀыуэ зэригъэпс лъандэрэ и узыншагъэм зиужьыжащ. Е. Хь.

2. ПсэукӀэ уиӀар, нэхъыфӀыр зэгъэгъуэтыжын, ефӀэкӀуэжын.

руоправиться, прийти в прежнее состояние; возродиться, восстановиться

Къэралым зауэ нэужьым зиужьыжащ. Къулейсыз хъуа унагъуэм зиужьыжащ.

Kitapta geçtiği hali

зыужьыжын (зеужьыж) перех. гл. 1. поправиться, выздороветь / НэхъыфӀ хъужын, уи узыншагъэр зэфӀэувэжын. ТхьэмахуитӀ нэхъ дэмыкӀыу Шорэ нэхъыфӀ мэхъу, хуэмурэ зеужьыж. Ш. А. Абы и псэукӀэр фӀыуэ зэригъэпс лъандэрэ и узыншагъэм зиужьыжащ. Е. Хь. 2. оправиться, прийти в прежнее состояние; возродиться, восстановиться / ПсэукӀэ уиӀар, нэхъыфӀыр зэгъэгъуэтыжын, ефӀэкӀуэжын. Къэралым зауэ нэужьым зиужьыжащ. Къулейсыз хъуа унагъуэм зиужьыжащ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зеужьыж)

И узыншагъэр зэфӀэувэжын, нэхъыфӀ хъужын. –174.

Къетау ӀэпэкӀэ зэрашэу нэф дыдэ хъуати, къуакӀэ тӀэкӀум дэхуэри зимыужьыжу лӀащ.— Лъапсэ, 111

+2 örnek

Езы адакъэри пабжьэм хэсащ зиужьыжыху, хьэ тумэм и пэнцӀывыр щхьэ къытезмычрэ, жиӀэу.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 480

Сэлэтхэр къызэплъэкӀмэ, зыми имыцӀыху Армавир деж къыщагъуэта уӀэгъэ зызыужьыжыр гъуэлъыпӀэм иувауэ итщ, Ӏэ узыншэ лъэныкъуэмкӀэ натӀэр иӀыгъыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 173

Kitapta geçtiği hali

ЗЫУЖЬЫЖЫН (зеужьыж) лъэмыӀ. (6). И узыншагъэр зэфӀэувэжын, нэхъыфӀ хъужын. Къетау ӀэпэкӀэ зэрашэу нэф дыдэ хъуати, къуакӀэ тӀэкӀум дэхуэри зимыужьыжу лӀащ. Лъапсэ, 111. Езы адакъэри пабжьэм хэсащ зиужьыжыху, хьэ тумэм и пэнцӀывыр щхьэ къытезмычрэ, жиӀэу. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 480. Сэлэтхэр къызэплъэкӀмэ, зыми имыцӀыху Армавир деж къыщагъуэта уӀэгъэ зызыужьыжыр гъуэлъыпӀэм иувауэ итщ, Ӏэ узыншэ лъэныкъуэмкӀэ натӀэр иӀыгъыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 173–174.

Düzeltme Öner

зыужьыжын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.