зытӀэщӀын
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
зытӀэкӀын/зытӀэщӀын (зетӀэкӀы/ зетӀэщӀ); зыупцӀэнын/зупцӀэнын (зеупцӀэны/зеупцӀэн); SOYUNMAK
зытӀэщӀын → зытӀэкӀын; SOYUNMAK
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: зытӀэкӀын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зетӀэщӀ)
Щыгъыныр зыщыхын, пцӀанэ зыщӀын.
рураздеться
ХьэщӀэм гъуэлъыжыну зитӀэщӀащ. Ӏуащхь.
Kitapta geçtiği hali
зытӀэщӀын (зетӀэщӀ) перех. гл. раздеться / Щыгъыныр зыщыхын, пцӀанэ зыщӀын. ХьэщӀэм гъуэлъыжыну зитӀэщӀащ. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зетӀэщӀ)
1. Щыгъыныр зыщыхын, пцӀанэ зыщӀын.
Апчарэ зимытӀэщӀу зигъэукӀуриящ.— Нал къута, 283
+2 örnek
ЩхьэгъубжэӀупхъуэр Ӏузгъапхъуэ. – жиӀэри Раисэ Муратовнэ къэтэджыжащ, щхьэгъубжэ закъуэм щхьэгъубжэӀупхъуэр Ӏупхъуа пэтрэ, бжэр игъэбыдащ, ваннэм щӀыхьащ, зитӀэщӀри халат дахэ дыдэ теубгъуауэ къыщӀэкӀыжащ.— Лъапсэ, 81
[Алыджыкъуэ:] Дахэ цӀыкӀум хуэдэу зыстӀэщӀщ, джанэ-гъуэншэдж щӀагъщӀэлъ фӀэкӀ сщымыгъыуи, сэшхуэр къисхщ, пӀэм ситӀысхьэри сэшхуэ пцӀанэр пӀэм ику дыдэм деж ислъхьащ, сэшхуэ Ӏэпщэр щхьэнтэ щӀагъым хуэзэу.— МелыӀыч, 443
2. Зыгъэхьэзырын.
ФӀэфӀ-фӀэмыфӀми псым зетӀэщӀыр, Игъуэлъхьэну хым и куэщӀым, Игъуэлъхьэнущ хым и куэщӀым, ЦӀэ иӀари, ещхьу джанэм, Тенджыз Ӏуфэм къыщегъанэ.— Псыр шы щхъуантӀэм тесу мажэ. «Мывэ хуабэ», 209
Kitapta geçtiği hali
ЗЫТӀЭЩӀЫН (зетӀэщӀ) лъэӀ. (8). 1. (7). Щыгъыныр зыщыхын, пцӀанэ зыщӀын. Апчарэ зимытӀэщӀу зигъэукӀуриящ. Нал къута, 283. ЩхьэгъубжэӀупхъуэр Ӏузгъапхъуэ. – жиӀэри Раисэ Муратовнэ къэтэджыжащ, щхьэгъубжэ закъуэм щхьэгъубжэӀупхъуэр Ӏупхъуа пэтрэ, бжэр игъэбыдащ, ваннэм щӀыхьащ, зитӀэщӀри халат дахэ дыдэ теубгъуауэ къыщӀэкӀыжащ. Лъапсэ, 81. [Алыджыкъуэ:] Дахэ цӀыкӀум хуэдэу зыстӀэщӀщ, джанэ-гъуэншэдж щӀагъщӀэлъ фӀэкӀ сщымыгъыуи, сэшхуэр къисхщ, пӀэм ситӀысхьэри сэшхуэ пцӀанэр пӀэм ику дыдэм деж ислъхьащ, сэшхуэ Ӏэпщэр щхьэнтэ щӀагъым хуэзэу. МелыӀыч, 443. 2. (1). зэхь. Зыгъэхьэзырын. ФӀэфӀ-фӀэмыфӀми псым зетӀэщӀыр, Игъуэлъхьэну хым и куэщӀым, Игъуэлъхьэнущ хым и куэщӀым, ЦӀэ иӀари, ещхьу джанэм, Тенджыз Ӏуфэм къыщегъанэ. Псыр шы щхъуантӀэм тесу мажэ. «Мывэ хуабэ», 209.