зытеубгъуэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зытреубгъуэ)
1. Зыубгъуауэ зыгуэр щӀэгъэнэн, щӀэуфэн; уи пкъымкӀэ зыгуэр щӀэхъумэн.
рузаслонить собой кого-что-л.
Бгъэр щилъагъум, джэдкъуртым и бынхэр псынщӀэу зэхуишэсыжри, затриубгъуащ.
2. Зыгуэр уи пкъым теубгъуэн.
рунакрыться чем-л., накинуть на себя что-л.
ӀэлъэщӀ зытеубгъуэн.
Kitapta geçtiği hali
зытеубгъуэн (зытреубгъуэ) перех. гл. 1. заслонить собой кого-что-л. / Зыубгъуауэ зыгуэр щӀэгъэнэн, щӀэуфэн; уи пкъымкӀэ зыгуэр щӀэхъумэн. Бгъэр щилъагъум, джэдкъуртым и бынхэр псынщӀэу зэхуишэсыжри, затриубгъуащ. 2. накрыться чем-л., накинуть на себя что-л. / Зыгуэр уи пкъым теубгъуэн. ӀэлъэщӀ зытеубгъуэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зытреубгъуэ)
1. Зыубгъуауэ зыгуэр уи пкъымкӀэ щӀэхъумэн, щӀэуфэн.
Апчарэ занщӀэу зытриубгъуащ, жейуэ щыс и нысэр игъэгужьейуэ.— Нал къута, 217
+2 örnek
ШхыӀэн щӀагъым зыщӀиуфэри и хъыджэбз цӀыкӀум зытриубгъуащ [Иринэ].— Нал къута, 229
Иринэ, кхъухьлъатэхэр щилъагъум, занщӀэу зыхидзащ, и сабийм зытриубгъуауэ.— Нал къута, 222
2. Зыгуэр уи пкъым тепхъуэн, зытедзэн.
Апчарэ зытес щӀакӀуэр къыщӀилъэфри зытриубгъуащ.— Щынэхужьыкъуэ, 53
Kitapta geçtiği hali
ЗЫТЕУБГЪУЭН (зытреубгъуэ) лъэӀ. (4). 1. (3). Зыубгъуауэ зыгуэр уи пкъымкӀэ щӀэхъумэн, щӀэуфэн. Апчарэ занщӀэу зытриубгъуащ, жейуэ щыс и нысэр игъэгужьейуэ. Нал къута, 217. ШхыӀэн щӀагъым зыщӀиуфэри и хъыджэбз цӀыкӀум зытриубгъуащ [Иринэ]. Нал къута, 229. Иринэ, кхъухьлъатэхэр щилъагъум, занщӀэу зыхидзащ, и сабийм зытриубгъуауэ. Нал къута, 222. 2. (1). Зыгуэр уи пкъым тепхъуэн, зытедзэн. Апчарэ зытес щӀакӀуэр къыщӀилъэфри зытриубгъуащ. Щынэхужьыкъуэ, 53.