зытепӀэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зытрепӀэ)

Зыгуэр уи пкъым тепӀэн.

рунакрыться, укрыться чем-л.

И джэдыгур зытрипӀэри щӀалэр жеящ. Сэри си щӀакӀуэр зытеспӀэри сыгъуэлъыжащ. Ад. таур.

Kitapta geçtiği hali

зытепӀэн (зытрепӀэ) перех. гл. накрыться, укрыться чем-л. / Зыгуэр уи пкъым тепӀэн. И джэдыгур зытрипӀэри щӀалэр жеящ. Сэри си щӀакӀуэр зытеспӀэри сыгъуэлъыжащ. Ад. таур.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зытрепӀэ)

Зыгуэр уи пкъым тепӀэн, тепхъуэн, зыгуэркӀэ уи пкъыр щӀэхъумэн, щӀэуфэн.

Щхьэгъубжэ закъуэри гъэбыдауэ къыщӀэкӀащ, [фызыжьым] и щхьэр дигъэжу кӀиин и гугъати, щымыхъужым зыхэлъа пӀэмкӀэ пщыжри бацэ уэншэкур зытрипӀэри зиудыгъуауэ дурэшым дэсурэ къэмэхащ…— ГущӀэгъу, 424

+2 örnek

[Алыджыкъуэ:] ЦӀыхубзым зигъэгусауэ зигъазэри блыным зыкӀэриукӀауэ шхыӀэным зыщӀиуфащ, сэ шхыӀэн щӀагъуэ стемыпӀауэ сыкъигъанэри; сыкъэтэджу си бэлътоужьыр зытезмыпӀэу хъуакъым, шхыӀэн щӀагъым сыкъыщыхутэн папщӀэ, сэшхуэм адэкӀэ сыщхьэдэмыхыу хъунутэкъыми.— МелыӀыч, 444

Аргъуейри къадым деж кӀуэмэ, езым и зэранщ, пцӀанабзэу унащхьэм телъщ, шхыӀэн зытрипӀэмэ, зэфӀэкӀащ.— Аргъуей, 388

Kitapta geçtiği hali

ЗЫТЕПӀЭН (зытрепӀэ) лъэӀ. (3). Зыгуэр уи пкъым тепӀэн, тепхъуэн, зыгуэркӀэ уи пкъыр щӀэхъумэн, щӀэуфэн. Щхьэгъубжэ закъуэри гъэбыдауэ къыщӀэкӀащ, [фызыжьым] и щхьэр дигъэжу кӀиин и гугъати, щымыхъужым зыхэлъа пӀэмкӀэ пщыжри бацэ уэншэкур зытрипӀэри зиудыгъуауэ дурэшым дэсурэ къэмэхащ… ГущӀэгъу, 424. [Алыджыкъуэ:] ЦӀыхубзым зигъэгусауэ зигъазэри блыным зыкӀэриукӀауэ шхыӀэным зыщӀиуфащ, сэ шхыӀэн щӀагъуэ стемыпӀауэ сыкъигъанэри; сыкъэтэджу си бэлътоужьыр зытезмыпӀэу хъуакъым, шхыӀэн щӀагъым сыкъыщыхутэн папщӀэ, сэшхуэм адэкӀэ сыщхьэдэмыхыу хъунутэкъыми. МелыӀыч, 444. Аргъуейри къадым деж кӀуэмэ, езым и зэранщ, пцӀанабзэу унащхьэм телъщ, шхыӀэн зытрипӀэмэ, зэфӀэкӀащ. Аргъуей, 388.

Düzeltme Öner

зытепӀэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.