зытедзын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зытредз)

Уи пкъым зыгуэр тедзын.

русбросить с себя что-л. (напр. пальто)

Сурэтхъан и ӀэлъэщӀыр зытредзри зыкъегъэзэж. ШхыӀэныр зытездзырти сызэгупсысри сымыщӀэжу куэдрэ сыхэлът. М. З.

Kitapta geçtiği hali

зытедзын (зытредз) перех. гл. сбросить с себя что-л. (напр. пальто) / Уи пкъым зыгуэр тедзын. Сурэтхъан и ӀэлъэщӀыр зытредзри зыкъегъэзэж. ШхыӀэныр зытездзырти сызэгупсысри сымыщӀэжу куэдрэ сыхэлът. М. З.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зытредз)

Уи пкъым зыгуэр тегъэхун, зытепхъуэтын.

[Алыджыкъуэ:] ЦӀыхубзым шхыӀэныр зытридзри пӀэм къитӀысхьауэ и нэ нащхъуитӀыр къихуу къызоплъ, сызыӀуридзэу сишхыным хуэдэу къызэкӀуэкӀауэ.— МелыӀыч, 443

+2 örnek

Дакъикъэ дэкӀыху Ӏузизэ ишэчащ, иужьым и щхьэр уназэри, и къэжьын къэкӀуауэ, кӀиинуи хузэфӀэмыкӀыу упщӀэр зытридзыну къиӀэбэрэбыхьырт, арщхьэкӀэ и къарур хурикъуртэкъым, мыдэкӀэ Чачэ упщӀэр иӀыгъыу щытти.— Хъуэпсэгъуэ нур, 72

ИтӀанэ [сэлэтым] шхыӀэныр зытридзри плъэмэ – и кум нэс лъакъуэ лъэныкъуэр пытыжкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 178

Kitapta geçtiği hali

ЗЫТЕДЗЫН (зытредз) лъэӀ. (3). Уи пкъым зыгуэр тегъэхун, зытепхъуэтын. [Алыджыкъуэ:] ЦӀыхубзым шхыӀэныр зытридзри пӀэм къитӀысхьауэ и нэ нащхъуитӀыр къихуу къызоплъ, сызыӀуридзэу сишхыным хуэдэу къызэкӀуэкӀауэ. МелыӀыч, 443. Дакъикъэ дэкӀыху Ӏузизэ ишэчащ, иужьым и щхьэр уназэри, и къэжьын къэкӀуауэ, кӀиинуи хузэфӀэмыкӀыу упщӀэр зытридзыну къиӀэбэрэбыхьырт, арщхьэкӀэ и къарур хурикъуртэкъым, мыдэкӀэ Чачэ упщӀэр иӀыгъыу щытти. Хъуэпсэгъуэ нур, 72. ИтӀанэ [сэлэтым] шхыӀэныр зытридзри плъэмэ – и кум нэс лъакъуэ лъэныкъуэр пытыжкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 178.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

üstünden atmak

Düzeltme Öner

зытедзын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.