зырыз

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

birer
Ortakзырыззэрызэ
Doğuзырызу
Batıзырызэу
Kitapta geçtiği hali

ЗЫРЫЗ, зырызэу/зырызу, ЗЭРЫЗЭ; (ЗЭРЫЗЭ къагъэшъогъэ кӀалэмэ шӀухьафтын/ТЫГЪЭ ЗЫРЫЗИ аратыгъ.: Birer kez oynattıkları gençlere birer armağan da verdiler.: ЗЭРЫЗЭ къагъэфа щӀалэхэм ТЫГЪЭ ЗЫРЫЗИ яратащ.; МАШЫНЭХЭР ЗЫРЫЗэу ЗЭРЫЗЭ къэкӀохишъ, ТОН ЗЫРЫЗ ащагъ.: Arabalar/araçlar/makinalar birer birer, birer kez gelip birer ton götürdüler.: МАШЫНЭХЭР ЗЫРЫЗу ЗЭРЫЗЭ къэкӀуэхэри ТОН ЗЫРЫЗ яшащ.); BİRER

Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Дэтхэнэми зы хуэзэу.

рупо одному (яблоку, карандашу и т. п.)

Тэхъуанэ бжэщхьэӀум къытеуващ хъыджэбз щхьэбацэ цӀыкӀуитӀ кхъуей Ӏыхьэ зырыз яӀыгъыу. Ш. А.

1. Зэпэщхьэхуэ, лъэныкъуэ зэпэщхьэхуэхэмкӀэ щыӀэ.

руразный, иной, другой, не один и тот же

Мыщэм и плӀэ лъакъуитӀыр и дамэ зырызым еупцӀэкӀауэ мэзым къыхопщ лӀы дамабгъуэ. Ш. А. Я къару къызэрихькӀэ зэхуэжэ хакӀуитӀыр зэжьэхэуащ, икӀи лъэныкъуэ зырызымкӀэ зэрыгъэлъеяхэщ. Къ. Хь.

2. Зэхуэмыдэ, зэщымыщ.

руразный, неодинаковый

БзэкӀэ зэрызми, цӀыхухэр мурадкӀэ зыхэщ, зыбынхэщ. Анэд.

3. Зи бжыгъэкӀэ мыкуэд, мащӀэ.

руединичный, отдельный

Адрей къэрал псогуэри Тыркум ӀэщӀэлъщ, абы ӀэщӀэмылъ ъкэрал зырызхэри къыщошынэри пӀэтӀэуэну хуиткъым. Ш. А. Я фӀыр зырызщ, я бзаджэр куэдщ, я куэдыр хьэулейщ. фольк.

Kitapta geçtiği hali

зырыз I по одному (яблоку, карандашу и т. п.) / Дэтхэнэми зы хуэзэу. Тэхъуанэ бжэщхьэӀум къытеуващ хъыджэбз щхьэбацэ цӀыкӀуитӀ кхъуей Ӏыхьэ зырыз яӀыгъыу. Ш. А. II 1. разный, иной, другой, не один и тот же / Зэпэщхьэхуэ, лъэныкъуэ зэпэщхьэхуэхэмкӀэ щыӀэ. Мыщэм и плӀэ лъакъуитӀыр и дамэ зырызым еупцӀэкӀауэ мэзым къыхопщ лӀы дамабгъуэ. Ш. А. Я къару къызэрихькӀэ зэхуэжэ хакӀуитӀыр зэжьэхэуащ, икӀи лъэныкъуэ зырызымкӀэ зэрыгъэлъеяхэщ. Къ. Хь. 2. разный, неодинаковый / Зэхуэмыдэ, зэщымыщ. БзэкӀэ зэрызми, цӀыхухэр мурадкӀэ зыхэщ, зыбынхэщ. Анэд. 3. единичный, отдельный / Зи бжыгъэкӀэ мыкуэд, мащӀэ. Адрей къэрал псогуэри Тыркум ӀэщӀэлъщ, абы ӀэщӀэмылъ ъкэрал зырызхэри къыщошынэри пӀэтӀэуэну хуиткъым. Ш. А. Я фӀыр зырызщ, я бзаджэр куэдщ, я куэдыр хьэулейщ. фольк.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Дэтхэнэми зы хуэзэу.

Адыгэхэр Тырку кхъухь гуэрым теуэри кхъухьыпщыр яӀэщӀэукӀати, ХьэтӀрэмтӀыгу дэс пэщэм адыгэр игъэпшынащ, теуам я унагъуэм щыщу щӀалэ зырыз къуэдыуэ къытралъхьати, абы яхэхуащ Дэфэрэдж и дэлъху нэхъыщӀэ цӀыкӀур, лажьи-хъати имыӀэу, уеблэмэ балигъи мыхъуауэ.— Лъапсэ, 33

+2 örnek

ЩӀалэхэм нартыхущхьэ зырыз яӀыгъыу щашхкӀэ, Хьэбибэ жыг къуагъым къуэту еплъырт, и нэр теплъызэмэ, Албиян артиллеристхэм яхэс хуэдэу къыфӀэщӀырт.— Нал къута, 233

ХьэщӀэхэми я пащӀэр Ӏэ щӀыбымкӀэ иралъэщӀэкӀыурэ Ӏэнэ лъакъуищым и хъуреягъкӀэ къетӀысэкӀауэ, Ӏэнэм телъым щыщ кхъуей тӀэкӀу, лы гъэжьа Ӏыхьэ зырыз къащтэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 268

1. Зэпэщхьэхуэ, зэпэӀэщӀэ.

Ӏэпхъуамбитхур зымэ – къарущ, зырызмэ – зырикӀщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 116

+2 örnek

Тембот и унафэкӀэ щӀалэ цӀыкӀухэр жыгым дэпщейрти къудамэ зырызхэм тесу зэрыгъэкӀийрт, жыг щӀагъыр Долэт къижыхь-нижыхьу, башкӀэ жыгым дэуейуэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 244

ФэрэкӀ уэрэдым хэтщ: Тхуэмыфэджэр къэкӀуай, КъытхуэкӀуари щыгъищт, Щыгъищ пэтрэ зырызщ, Зырыз дахэу гъэтӀыс…— Лъапсэ, 29

2. Зэхуэмыдэ, зэщымыщ.

Сыт лъэпкъи ирехъуи, мэкъумэшыщӀэхэр, рабочэхэр зэшщ, диныр аракъым цӀыхур зэкъуэш зыщӀыр, зэдэлэжьэныр аращ, рабочэ муслъымэныр рабочэ чыристэным и къуэшщ, муслъымэн къулейсызыр джаур помещикым жыжьэу зригъэкӀуэлӀэнукъым, ауэ пщымрэ помещикымрэ зэфӀынущ, я диныр зырызми.— Хъуэпсэгъуэ нур, 177

+2 örnek

Иужьым лъэпкъ зырызу Тэрч областым хыхьэу щыта псори зы республикэ щащӀым, осетинхэм я гугъат Къэбэрдейр абыкӀэ арэзы мыхъуу, я Ӏэтащхьэр къэуври жиӀащ: ди щӀыр зэхэвгуашэу ддэнукъым, залымыгъэкӀэ ттефхыну фи гугъэмэ, республикэм дыкъыхокӀыжри хэку щхьэхуэу дыкъонэ жаӀэри.— Лъапсэ, 88

Зэкъуэту, зым ӀэщӀэхур зым къищтэжу, бзэкӀэ зырызми, псэкӀэ зыуэ бийм пэувынкъэ, жиӀэу арат Локотош и гум илъыр.— Нал къута, 257

3. ЗакъуэтӀакъуэ, зи бжыгъэр мащӀэ, куэд мыхъу. –6. –271.

Губгъуэм къикӀыжа цӀыхухъу зырызхэр гур къагъэувыӀэрэ пщӀантӀэм къыдэлъадэ щхьэкӀэ, сыт пщӀэн – къэхъунур къэхъуащ.— ГущӀэгъу, 425

+2 örnek

Темэн и Ӏуфэм Ӏута цӀыхубз къомым яхуэгъеинт «хэкум и набдзэщ» жыхуаӀа илъэпкъыр зэ кӀуэдыгъуэу хым щыхэкӀуадэкӀэ, уеблэмэ цӀыхухъу зырыз къэнамэ, я пыӀэр къекъухауэ тӀысырти, «уэуэур си махуэщ» жаӀэу гъуэгырт, хъыджэбз Ӏэджэми нысащӀэ щыгъынкӀэ захуэпауэ «дунейкӀэ дызэхуэмызамэ, ахърэткӀэ ди насып зы хъункъэ» жаӀэу хым зыхадзэрти зрагъэтхьэлэжырт.— Лъапсэ, 5

Пщыхьэщхьэ хъурэ Ӏэхъуэр къыдыхьэжмэ, я шкӀэ цӀыкӀухэм хуэзэша жэмхэм бууэ къыщӀадзэрт, ахэр куэбжэм къэмысыж щӀыкӀэ уэрамым сабэр дэз хъурт, гу зырызи е нартыху бзий къашэу, е чырэ кӀуар къэкӀуэжауэ щхьэж и унэ екӀуэлӀэжырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 270

Kitapta geçtiği hali

ЗЫРЫЗ I (77). Дэтхэнэми зы хуэзэу. Адыгэхэр Тырку кхъухь гуэрым теуэри кхъухьыпщыр яӀэщӀэукӀати, ХьэтӀрэмтӀыгу дэс пэщэм адыгэр игъэпшынащ, теуам я унагъуэм щыщу щӀалэ зырыз къуэдыуэ къытралъхьати, абы яхэхуащ Дэфэрэдж и дэлъху нэхъыщӀэ цӀыкӀур, лажьи-хъати имыӀэу, уеблэмэ балигъи мыхъуауэ. Лъапсэ, 33. ЩӀалэхэм нартыхущхьэ зырыз яӀыгъыу щашхкӀэ, Хьэбибэ жыг къуагъым къуэту еплъырт, и нэр теплъызэмэ, Албиян артиллеристхэм яхэс хуэдэу къыфӀэщӀырт. Нал къута, 233. ХьэщӀэхэми я пащӀэр Ӏэ щӀыбымкӀэ иралъэщӀэкӀыурэ Ӏэнэ лъакъуищым и хъуреягъкӀэ къетӀысэкӀауэ, Ӏэнэм телъым щыщ кхъуей тӀэкӀу, лы гъэжьа Ӏыхьэ зырыз къащтэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 268.

ЗЫРЫЗ II (78). 1. (15). Зэпэщхьэхуэ, зэпэӀэщӀэ. Ӏэпхъуамбитхур зымэ – къарущ, зырызмэ – зырикӀщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 116. Тембот и унафэкӀэ щӀалэ цӀыкӀухэр жыгым дэпщейрти къудамэ зырызхэм тесу зэрыгъэкӀийрт, жыг щӀагъыр Долэт къижыхь-нижыхьу, башкӀэ жыгым дэуейуэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 244. ФэрэкӀ уэрэдым хэтщ: Тхуэмыфэджэр къэкӀуай, КъытхуэкӀуари щыгъищт, Щыгъищ пэтрэ зырызщ, Зырыз дахэу гъэтӀыс… Лъапсэ, 29. 2. (9). Зэхуэмыдэ, зэщымыщ. Сыт лъэпкъи ирехъуи, мэкъумэшыщӀэхэр, рабочэхэр зэшщ, диныр аракъым цӀыхур зэкъуэш зыщӀыр, зэдэлэжьэныр аращ, рабочэ муслъымэныр рабочэ чыристэным и къуэшщ, муслъымэн къулейсызыр джаур помещикым жыжьэу зригъэкӀуэлӀэнукъым, ауэ пщымрэ помещикымрэ зэфӀынущ, я диныр зырызми. Хъуэпсэгъуэ нур, 177. Иужьым лъэпкъ зырызу Тэрч областым хыхьэу щыта псори зы республикэ щащӀым, осетинхэм я гугъат Къэбэрдейр абыкӀэ арэзы мыхъуу, я Ӏэтащхьэр къэуври жиӀащ: ди щӀыр зэхэвгуашэу ддэнукъым, залымыгъэкӀэ ттефхыну фи гугъэмэ, республикэм дыкъыхокӀыжри хэку щхьэхуэу дыкъонэ жаӀэри. Лъапсэ, 88. Зэкъуэту, зым ӀэщӀэхур зым къищтэжу, бзэкӀэ зырызми, псэкӀэ зыуэ бийм пэувынкъэ, жиӀэу арат Локотош и гум илъыр. Нал къута, 257. 3. (54). ЗакъуэтӀакъуэ, зи бжыгъэр мащӀэ, куэд мыхъу. Губгъуэм къикӀыжа цӀыхухъу зырызхэр гур къагъэувыӀэрэ пщӀантӀэм къыдэлъадэ щхьэкӀэ, сыт пщӀэн – къэхъунур къэхъуащ. ГущӀэгъу, 425. Темэн и Ӏуфэм Ӏута цӀыхубз къомым яхуэгъеинт «хэкум и набдзэщ» жыхуаӀа илъэпкъыр зэ кӀуэдыгъуэу хым щыхэкӀуадэкӀэ, уеблэмэ цӀыхухъу зырыз къэнамэ, я пыӀэр къекъухауэ тӀысырти, «уэуэур си махуэщ» жаӀэу гъуэгырт, хъыджэбз Ӏэджэми нысащӀэ щыгъынкӀэ захуэпауэ «дунейкӀэ дызэхуэмызамэ, ахърэткӀэ ди насып зы хъункъэ» жаӀэу хым зыхадзэрти зрагъэтхьэлэжырт. Лъапсэ, 5–6. Пщыхьэщхьэ хъурэ Ӏэхъуэр къыдыхьэжмэ, я шкӀэ цӀыкӀухэм хуэзэша жэмхэм бууэ къыщӀадзэрт, ахэр куэбжэм къэмысыж щӀыкӀэ уэрамым сабэр дэз хъурт, гу зырызи е нартыху бзий къашэу, е чырэ кӀуар къэкӀуэжауэ щхьэж и унэ екӀуэлӀэжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 270–271.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

tane

Düzeltme Öner

зырыз
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.