зыпыщӀэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зыпещӀэ)

1. ЗыкӀэрыщӀэн.

руприцепиться к чему-л. (напр. к машине)

Зы пщэдджыжьи умыгувэ, машинэ блэжым зыпумыщӀэ. Зы б. з.

2. Зыгуэрым Ӏуэху хуиӀэ зыщӀын.

руустановить с кем-чем-л. отношения; связаться с кем-чем-л.

НэгъуэщӀ къэралхэм запыщӀэн. Гуп мыхъумыщӀэм запищӀэри щӀалэ цӀыкӀум зихъуэжащ.

3. Зыгуэрым уепсэлъэну, зыгуэркӀэ угурыӀуэну Ӏэмал зэгъэгъуэтын (телефонкӀэ). ТелефонкӀэ Мэзкуу зыпыщӀэн. КӀуэ-къэкӀуэжхэр къигъэсэбэпурэ лӀыжьым жыжьэ щыӀэ и шынэхъыжьым зыпищӀащ.

русвязаться с кем-чем-л. (напр. по телефону)

4. Зыгуэрым хуежьэн, иужь ихьэн.

рузаняться чем-л., взяться за что-л., приступить к чему-л.

Еджэным зыпыщӀэн.

Kitapta geçtiği hali

зыпыщӀэн (зыпещӀэ) перех. гл. 1. прицепиться к чему-л. (напр. к машине) / ЗыкӀэрыщӀэн. Зы пщэдджыжьи умыгувэ, машинэ блэжым зыпумыщӀэ. Зы б. з. 2. переносное установить с кем-чем-л. отношения; связаться с кем-чем-л. / Зыгуэрым Ӏуэху хуиӀэ зыщӀын. НэгъуэщӀ къэралхэм запыщӀэн. Гуп мыхъумыщӀэм запищӀэри щӀалэ цӀыкӀум зихъуэжащ. 3. переносное связаться с кем-чем-л. (напр. по телефону) / Зыгуэрым уепсэлъэну, зыгуэркӀэ угурыӀуэну Ӏэмал зэгъэгъуэтын (телефонкӀэ). ТелефонкӀэ Мэзкуу зыпыщӀэн. КӀуэ-къэкӀуэжхэр къигъэсэбэпурэ лӀыжьым жыжьэ щыӀэ и шынэхъыжьым зыпищӀащ. 4. заняться чем-л., взяться за что-л., приступить к чему-л. / Зыгуэрым хуежьэн, иужь ихьэн. Еджэным зыпыщӀэн.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зыпещӀэ)

Пэшэгъу щӀын.

– Ей, Рахьим, Рахьим. Пхуэфащэ къыпщыщӀащ. Умыделэтэмэ, абы зыпыпщӀэнт. Ухуэзащ иджы! – жиӀэу Рахьим и щхьэ мыгъуагъэ хуихьыжырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 139

Kitapta geçtiği hali

ЗЫПЫЩӀЭН (зыпещӀэ) лъэӀ. (1). Пэшэгъу щӀын. – Ей, Рахьим, Рахьим. Пхуэфащэ къыпщыщӀащ. Умыделэтэмэ, абы зыпыпщӀэнт. Ухуэзащ иджы! – жиӀэу Рахьим и щхьэ мыгъуагъэ хуихьыжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 139.

Düzeltme Öner

зыпыщӀэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.